Зыхуагъэхьэзыр къэрал къэпщытэныгъэхэм

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек Правительствэм и Унэм щыхуэзащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор. Псалъэмакъыр теухауэ щытащ ди щIыналъэм и курыт еджапIэхэр къэрал къэпщытэныгъэхэм зэрыхуэ­хьэзырым.

Гъэ еджэгъуэм и кIэухым, хабзэ ­хъуауэ, ирагъэкIуэкI къэрал экзаменхэр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэ­щы­ным икIи егъэкIуэкIыным республи-    кэ бюджетым къыхэкIыу мы илъэсым хухахауэ щытащ сом мелуан 58-м ­щIигъу. Абыхэм ящыщу сом мелуан 31-р хэхауэ щIагъуащ къэпщытэныгъэ лэжьыгъэхэр пыIудзауэ егъэкIуэ­кIыным пыщIа Iуэхугъуэхэр къызэ­рагъэпэщыну. Апхуэдэу а мылъкум щыщ хуаутIыпщащ мы гъэм 9-нэ классыр къэзыух ныбжьыщIэхэр зы­хэ­тыну къэпщытэныгъэхэри тэмэму егъэ­кIуэкIыным, химиемкIэ ятыну экзаменым папщIэ зыхуэныкъуэ лабо­раторэ Iэмэпсымэхэр кърыращэ­ху­ным.
- Мыгъэрей къэрал къызэрыщIагъэкI къэпщытэныгъэхэм хэтынущ цIыху мин  13-м щIигъу. Къэрал экзамен нэхъыщхьэр ятынущ 9-нэ классыр къызыух ныбжьыщIэ 8554-м. Ахэр ще­кIуэкIынущ щIыпIэ (ППЭ) 46-м. Зыуэ щыт къэрал экзаменым мы гъэм хэтынущ курыт школыр къэзыух ныбжьыщIэу 4582-рэ. ЕГЭ-р къыщызэдгъэпэщынущ къэпщытэныгъэхэр ще­кIуэкIыну щIыпIэ 23-м. Мы зэманым а псоми яужь щитщ къытпэщылъ къэ­рал къэпщытэныгъэхэм къызыхуэ­тын­шэу зыхуэгъэхьэзырыным епха лэжь­ы­гъэхэм, - къыхигъэщащ Езауэ Анзор.
Министрым зэрыжиIамкIэ, мыгъэрей къэпщытэныгъэхэм апхуэдэу хэтынущ IэщIагъэлI мини 4,5-рэ. Абы­хэм иджыпсту зыхуагъасэ экзамен зэ­регъэкIуэкIыпхъэ мардэхэм ехьэлIа щхьэхуэныгъэхэм. КъищынэмыщIауэ, КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэр абы теухуауэ ядола-жьэ УФ-м и МВД-м КъБР-м щиIэ IэнатIэм, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм, «Ростелеком»-м я IэщIагъэлIхэм.
Езауэ Анзор зи пашэ IэнатIэр къэ-рал къэпщытэныгъэхэм зэрыхуэ­хьэ­зырым щыгъуазэ хуэхъуа нэужь, ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек арэзы техъуащ Iуэхур зыIутым. Абы къыхигъэщащ республикэм и курыт школхэр къапэщылъ къэрал къэп­щы­тэныгъэхэм зэрыхуэхьэзырыр зэри­гуапэр. КIуэкIуэм министрым иджыри зэ гу лъригъэтащ экзаменхэр къы­зы­хуэтыншэу, тэмэму, пэжыр я лъабжьэу, яубзыхуа техникэ мардэхэм изагъэу егъэкIуэкIын зэрыхуейм. Ап­хуэ­дэуи жиIащ федеральнэ жылагъуэ кIэлъыплъакIуэхэм экзаменхэм пы-щIа я къалэнхэр тэрэзу зэфIахын пап­щIэ, зыхуэныкъуэ Iэмал псори къахузэгъэпэщын зэрыхуейр.
- Къэрал къэпщытэныгъэр шына­гъуэн­шэу, къызыхуэтыншэу екIуэкIын папщIэ, абы хэтыпхъэ ведомствэхэр, министерствэхэр зэпыу ямыIэу зэдэ­лэжьэн хуейщ, - къыхигъэщащ КIуэ­кIуэм. - Зи гугъу сщIыр УФ-м и МВД-м КъБР-м щиIэ IэнатIэм, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерст­вэм, «Ростелеком»-м я лэжьакIуэхэм-рэ КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэ­ныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ министерствэм я IэщIагъэлIхэмрэ ­мы­хьэ­нэшхуэ зиIэ а къэрал Iуэхур зэгъусэу, зэдэIэпыкъуу зэфIагъэкIын зэрыхуейращ.

 

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться: