Нобэ

Фэеплъхэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэмрэ я дунейпсо махуэщ
Радиор фIыуэ зылъагъухэм, ар зэпкърылъхьэным дихьэххэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм и дзэ щIыхьым и махуэщ
- I242 гъэм Невский Александр и зауэлIхэр нэмыцэдзэхэм Чудскэ гуэлым и мылым деж зэрыщатекIуам и щIыхькIэ ягъэуващ. 
Нидерландхэм щагъэлъапIэ музейхэм я махуэр. А къэралым щыпсэухэри и хьэщIэхэри а махуэм Iэмал зэриIэкIэ музейм кIуэн хуейуэ къалъытэ.
1902 гъэм щIэпхъаджагъэр зылэжьар щызэхагъэкIым япэ дыдэу къагъэсэбэпащ дактилоскопие жыхуаIэ Iэмалыр - IэпапIэр зейр къэхутэныр. НаIуэ къэхъуакIэт зэщхьу IэпапIитI дунейм зэрытемытыр. Къэпщытэныгъэр щрагъэкIуэкIар Даниерщ. 
1922 гъэм Москва и уэрамхэм автобусхэр къыдыхьащ. ЦIыхуи 10 -14 фIэкIа зэрымыхуэ, щхьэ тIэкIу зытелъ шыгу зэщIэщIахэм я пIэкIэ цIыхухэр кърашэкIыу щIадзащ автобус зэпэщхэмкIэ.
1923 гъэм, Дзержинский Феликс и жэрдэмкIэ, СССР-м къыщызэрагъэпэщащ «Динамо» спорт зэгухьэныгъэр. 
1923 гъэм Мысырым и конституцэр къащтащ.
1946 гъэм Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэр къызэрызэрагъэпэщам къыхэкIыу, Лъэпкъхэм я Лигэр зэрызэбграутIыпщыкIыжым теухуа хъыбарыр Женевэ хэIущIыIу щащIащ.
1949 гъэм Ирландиер Инджылызым къыхэкIащ.
1970 гъэм Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ «Мадинэ» япэ адыгэ оперэр ягъэуващ.
1917 гъэм къалъхуащ совет актёр цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист Вицин Георгий.
1937 гъэм къалъхуащ совет актрисэ, РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Немоляевэ Светланэ.
1940 гъэм къалъхуащ балетым и къэфакIуэ, хореограф, СССР-м и цIыхубэ артист Васильев Владимир.
1953 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Балъкъэр Руслан.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 - 24-рэ, жэщым градус 11 - 12 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Узытемыса шырэ уи мыгъуса лIырэ
икIи ущымытхъу, икIи умыуб.

 

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ