Псэм и хадэ

Теплъэгъуэ

Псэр гум къелъэIуащ Iэхэм тхылъ къаригъащтэу, къызэгуригъэхыу нэхэр иригъэплъэну. Гум и унафэм мащIэу Iэнкун ищIами, ягъэзэщIащ: тхылъыр Iэхэм къащтащ, сабэр трахури къызэгуахащ, нэхэр мыпIэщIащэурэ еплъыхахэщ, щхьэхынафэу ириплъащ, абыхэм ялъэгъуар гум къищыпри, псэм хипхъэжащ... Тхылъым тращыпыкIа жылэхэм, бзийхэм щыщ лъэIэсауэ хъуам къахэнащ. Телевизорымрэ компьютерымрэ къарыщ гъащIэ псэншэм, щIыIэм игъэдия псэ хадэр зэщIэщтхьат, итаIами псэншэ хъури икIуэдыхьыжат...
Апхуэдизу зэщIэщтхьа, абджу жа псэм дауэ къыщыдэжыжа хъуапсапlэ жылэ цIыкIур? Тхылъ напэкIуэцIхэм къытращыпыкI бзий цIыкIухэм къагъэвыжырт псэм и хадэр, жылэхэр хэкIэрт. ЯпэщIыкIэ гугъу дыдэу. Хуэмыщщэу. Ауэ бзий нэхъыбэ зэщIащыпэхукIэ, жылэ нэхъыбэ трасэхукIэ, псэр зыIулIа абдж щIыIэр нэхъ лъэщу щащэрт, жьы къабзэр бгъэгум из хъурти, хьэуа псэщIыжыр лъым хэту лъынтхуэхэм ирижэрт, щхьэм нэху, псэм хуабэ нихьэсу. Клавиатурэ гъурым щыужырт Iэпэхэр, нэхэри псэхужат, щхьэри къэгъэсэбэпын зэрыщIадзэжам игъэгушхуэрт, гуми, дыгъэ бзий къэщыпынкIэ, жылэ телъыджэхэр тесэнкIэ зигъэнщIыжыртэкъым, псэ хадэри къэщIэрэщIэжырт. 
Тхылъыр Iэм IэщIэкIыртэкъым, Лъэхэм шэнт гъурымрэ, пIэмрэ къытрамычыфу щыта Iэпкълъэпкъыр иджы хуиту дуней нэхум трашэрт, псы Iуфи, губгъуи, хади, бгыи - дэни нэсырт, бгъэгум сабэ щызэтрихьар щIыуэпсым къыхиху дахагъэмрэ къабзагъэмрэ ирагъэкъэбзыкIыжырт. Дуней хуитым трашэжа псэр псэхужат, тхылъри гуфIакIэм дэлът, хьэндырабгъуэу зелъатэу, гу етIуанэу къыщеуэу. 
Тхылъ напэхэр кIуэщIырт, псэ хадэм зиубгъурт, гъагъэрт, нэхэм загъэпсэхурт, щхьэр гупсысэ гъэщIэгъуэнхэм ягъафIэрт, гум тхылъ бзийхэр къищып зэпытт.
Сабэ иуэжауэ иджы стIолыщхьэм тетыр телевизор щIыIэмрэ компьютер бгынэжамрэт…
 

Шорэ Маринэ.
Поделиться: