Iуэхутхьэбзэхэр ирагъэфIэкIуэну зэгуроIуэ

УФ-м и Къэрал Думэм узыншагъэр хъумэнымрэ онкологие дэIэпыкъуныгъэр зэрыхуащIэм теухуа IуэхухэмкIэ и комитетым иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм «онлайн» жыпхъэм иту хэтащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэр.
Депутатхэмрэ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм, лышх узыфэм щеIэзэ федеральнэ центрхэм, щIыналъэ клиникэхэм, властым и гъэзэщIакIуэ органхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр тепсэлъыхьащ къэралым уз Iейр зыпкърыт сымаджэхэм щыхуащIэ дэIэпыкъуныгъэм и къызэгъэпэщыкIэр хабзэр и лъабжьэу егъэфIэкIуа зэрыхъуным, мылъкукIэ защIэгъэкъуэнымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм. Апхуэдэу и гугъу ящIащ «Лышх узыфэхэм япэщIэтын» федеральнэ проектыр зэрагъэзэщIам кърикIуахэм, 2019 - 2021 гъэхэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэр зыхуэдам.
ЗэIущIэм къыщыхалъхьащ лышх узыфэр и чэзум къэхутэным, ар зыпкърыт сымаджэхэм еIэзэным, я узыншагъэр егъэфIэкIуэжыным теухуауэ щIыналъэхэм Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр щрагъэкIуэкIыну. «Узым дыщыпэщIэтыфынур, жыпIэнурамэ, дыщыпэлъэщынур ар нэхъ пасэу къэтхутэмэщ, абы папщIэ цIыхухэм жэуаплыныгъэ яхэлъу, я узыншагъэр щIэх-щIэхыурэ къапщытэн хуейщ», - къыхагъэщащ зэIущIэм хэта дохутырхэм.
Зи гугъу ящIа Iуэхугъуэхэм ящыщщ а унэтIыныгъэм щIэуэ къыхыхьа Iэмалхэр, федеральнэ центрышхуэхэм жыджэру IэнатIэм къызэрыщагъэсэбэпым хуэдэу, щIыналъэхэм щыIэ клиникэхэми я лэжьыгъэм хэгъэхьапхъэу зэрыщытыр. Абы папщIэ IэщIагъэлIхэм я зэфIэкIым, Iэзагъэм хэзыгъахъуэ конференцхэр, зэхыхьэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэрагъэпэщыну, дохутырхэр лэжьыгъэ и пIалъэкIэ щызэхъуажэ мастер-классхэр ирагъэкIуэкIыну зэгурыIуащ.

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: