ГушыIэр Тхьэм и щIасэщ

Сытхъэжу  къэсшакъым

Партым зыгуэр хагъэхьэрт.
И биографиер яжриIащ, къызэреупщIхэм жэуап яритащ. Ауэ зыгуэр къэпсалъэри жиIащ:
- Фыз куэд къызэрыпшам и хъыбарыр къыджеIэт.
- Сытхъэжу къэсша уи гугъэ, сыгъуэгыурэ къэзмышам, Тхьэр согъэпцI, хъун къахэмыкIыурэ! - жиIащ канди­датым.

Пощтымрэ  фошыгъумрэ

Пасэм щыгъуэ щIалэхэр хъыджэбзаплъэ кIуэуэ щытащ.
Апхуэдэ хъыджэбзаплъэ кIуа щIалэжьыр, зэплъыну ­хуея хъыджэбзым фIэкIа дэмысу ирихьэлIащ.
КъызыхуэкIуа хъыджэбзри бзаджэжьт: фошыгъу хэмылъу, шеибжьэ къыхутригъэувэри, къыщхьэщыу­вэжащ.
ЩIалэжьыр еIубри, - шейм фошыгъу хэлътэкъым.
«Зу, зу, зу» жригъэIэу шейбжэмышхымкIэ зэIищIэу щIидзащ.
А зэманым пощтыр зезышэ шыхэм уэзджынэ якIэрыщIауэ щытащ, зэрыпощтыр ящIэн щхьэкIэ.
ЩIалэжьым щимыгъэтыжыххэу стэканыр «щигъэп­салъэм», хъыджэбзым жиIащ:
- Пощтыр къэса си гугъэщ.
ЩIалэжьри бзаджэжьти:
- Фошыгъу къишамэ еупщIыт а пощтым, - жиIащ.
Хъыджэбзыр щIэкIри фошыгъу къыхуихьащ.

Япэ  джалэм  ущIэмынакIэ

ЛIыжьыр уэрамым здрикIуэм, шыщхьэ къупщхьэжь щылъым игъэлъэпэрапэри, джэлащ.
Уэршэру уэрамым дэс щIалэ гупым ар щалъагъум, зэщIэдыхьэшхащ ину.
- Фымыдыхьэшх, цIапIэ къом, си ныбжь фынэсмэ, сэ схуэдэ фыхъунущ, абы фыфIэкIыжмэ, мыбы хуэдэ фыхъунущ! - жиIэри, щхьэ къупщхьэр яригъэлъагъури, лIыжьыр и гъуэгу теувэжащ.

Зытхыжар КъардэнгъущI Зырамыкущ.
Поделиться:

Читать также:

29.03.2024 - 12:46 НОБЭ
27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ