Усыгъэм дихьэххэм папщIэ

Гу  зылъытапхъэ

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм литературэ пшыхь дахэхэр щокIуэкI «Библио­ночь-2019» фIащауэ. Абы щыщщ «Дуней псор - театрщ» гупсысэр мы гъэм лъабжьэ зыхуащIахэри.

Зи гугъу тщIы Iуэху дахэм хыхьэу, библиотекэм  щеджэ и пэшым и лэжьакIуэхэм къызэрагъэпэща «Усыгъэр гъунапкъэншэщ» макъамэ-усэ пщыхьэщхьэр мэлыжьыхьым и 20-м, сыхьэт 18-м щIидзэу, екIуэкIынущ. Абы щы­зэхэфхынущ урыс, нэгъуэщI лъэпкъ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Тхылъ гъэщIэгъуэнхэр зытет дапхъэхэр  ягъэувынущ, лIэщIыгъуэ зэхуэмыдэхэм цIыхухэм зэрахьэу щыта хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ щыIэнущ.
Зи гукъыдэжыр къэзыIэтыну хуей псори пшыхьым фрагъэблагъэ. Абы ущIыхьэн щхьэкIэ пщIэ щIэптын хуейкъым. Пшыхьым ехьэлIа лэжьыгъэр зэзыгъэуIур щеджэ пэшым и унафэщI Сэкрэк Заремэщ.
УпщIэ зиIэхэр мы телефонхэмкIэ фыпсалъэ хъунущ: 8-928-702-75-95, 8-928-711-64-52, 77-45-04.

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: