НыбжьыщIэ зэчиифIэхэм заужьыну IэмалыщIэхэр яIэнущ2022 гъэм и фокIадэ мазэм ирихьэлIэу Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым къыщызэIуахынущ гъуазджэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм, утыку итыкIэм, бжыгъэрылъанэ къэгъэщIыгъэхэм я щыIэкIэ хъунум, зэрызепхьэну щIыкIэхэм щыкIэлъыплъ икIи щызэрагъэзэхуэж центр. «ЩащIар Урысейрщ» зи фIэщыгъэ лъэпкъ программэм ипкъ иткIэ ирагъэжьэну проектым УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и жьауэ щIэт, егъэджэныгъэм пыщIа IуэхущIапIэ 26-рэ къыщызэрагъэпэщынущ. Абы къызэщIиубыдэнущ театрхэм, къафэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыгъэувхэм, проект икIи медиа къэгъэщIыгъэхэр зыгъэхьэзырхэм я лабораториехэр. Щхьэзакъуэу е гупу къыхалъхьэ жэрдэмхэм я зэфIэхыкIэ хъунум, ахэр цIыхубэм зэралъэбгъэIэсыфынум, проектхэр зэхэбгъэхьэ хъунуми зырызу зебгъэужьынуми теухуа чэнджэщхэр абы щагъуэтынущ. Проектым жыпхъэ пыухыкIа игъуэта нэужь, ар зэрагъэзэщIэну щIыкIэми ущыкIэлъыплъыжыфыну лъэщапIэхэри Центрым хэтынущ.
Поделиться:
Читать также:
17.03.2024 - 11:10 →
Илъэс 40 гъуэгуанэ
17.03.2024 - 10:08 →
СурэтыщI, егъэджакIуэ
14.03.2024 - 17:35 →
«Адыгэжьхэр щыстхкIэ, сщохъу лъэхъэнэ жыжьэхэм сахьыж…»
07.03.2024 - 23:17 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм теухуа и хъуэхъу
04.03.2024 - 19:10 →
ЛIэужьыгъуэхэр
|