ГъащIэ къыдэзытхэр

Новеллэ
ДыщэпскIэ хэдыкIа щхьэнтэ хужь цIыкIур сабий гъуэлъыпIэм иралъхьэжри, и зэманыр къэсыхукIэ сабыру щылъыну къалэн хуагъэув. Абы гъусэ хуащI езым и плъыфэу шхыIэн цIыкIу, уэншэку щабэ. Ар зыхуагъэхьэзырым и ныбжьэгъу пэжхэу зэман гуэркIэ зэрыщытынум иригушхуэу а хьэпшыпхэм нурыр къащхьэщех. Пэш плIанэпэм къуэт гущэми зэкIэ зегъэпсэху. Абы ещIэ, куэд мыщIэу жеиншэу, сабий щIиупскIэурэ жэщ Iэджэ зэригъэкIуэнури, къару зэхуехьэс.
Я гъэфIэным хуопIащIэ зэкIэ зыри зримыджэгу топхэри, гуащэ цIыкIухэри, щэкIым къыхэщIыкIа мыщэхэр, хьэхэр, бажэхэр, тхьэкIумэкIыхьхэр. Таурыхъ Iэджэ зэрыт тхылъри къызэIуамыхауэ щылъщ.
ПыIэ хъар цIыкIухэр, плIэ зэхуэмыдэхэр, лъэпэд хэдыкIахэр, сабий сурэт зытет напэIэлъэщIхэр, Iэгум икIуадэ вакъэ цIыкIухэр, иджыри Iэджэ, Iэджэ… НасыпыщIэм хуагъэхьэзыр хьэпшыпхэм махуэ къэс къыхохъуэ. Дэтхэнэ зыри гъэнщIащ лъагъуныгъэрэ гуфIэгъуэкIэ.
Ахэр зыщIэт пэшым псалъэ лей къыщекIуэкIыркъым. Псалъэмакъыншэу къыщIыхьэ цIыхухэр пыгуфIыкIыурэ щIокIыж. Унагъуэм къихъуэну насыпым псори хуопIащIэ, ауэ, зыгуэрым ятрихыным щышынэ хуэдэ, ину тепсэлъыхьыркъым.
Мы унагъуэм щIэсхэм иджы зэманыр къызэрабжыр сыхьэткIэкъым, атIэ дакъикъэкIэщ. Дэтхэнэ зы махуэри илъэсым хуэдэщ. ГуфIэгъуэм ущыпэплъэм деж зэманри мыкIуэу къыпфIощI.
… Ди гъащIэм куэдым къыщытрегъэзэж. Зэгуэр дэри апхуэдэу  къытпэплъэу, къытхуэпIащIэу пэш тхуагъэхьэзыращ. Ди щхьэнтэри яфIэпхъашэт, шхыIэнри яфIэпIащIэт, уэншэкури яфIэгугъут. Дэ нэхърэ нэхъ дахэ дунейм темытым хуэдэу, гу къытщамыхуэу дагъафIэрт. Зэман Iэджэ дэкIами, ди япэ лъэбакъуэр щытча махуэр, япэ псалъэхэр, япэ гуфIэкIэр ящIэж ди адэ-анэхэм. Дэтхэнэ ди зы нэпсри шыгъушыпсу щIолъадэ я гум. Ди псалъэ жагъуэхэм мастэпэу зыхасэ я псэм.
Дэ а псом демыгупсысу зэрымыщIэкIэ Iэджэрэ я жагъуэ дощI. Балигъ дохъури, тщогъупщэж къытхуащIа псор, зэуэ ди дамэр дошэщIри, дыкъыщалъхуа унэм и щхьэм лъагэу дыщолъатэ. Дэ къытщохъу, адэ-анэм нэхърэ нэхъыфIу гъащIэм хэтщIыкI дыхъуауэ, я чэнджэщхэми дыхуэмыныкъуэжу.  Ауэ, зэман докIри, аргуэру псори и пIэ йоувэж. УIэгъэ ящIа бланэм хуэдэу, дэ къыдогъэзэж сыт щыгъуи дыкъызыгурыIуэну цIыхухэм  я деж, дэр папщIэ жьэгур щымыужьыхыж дыкъыщалъхуа унэм.
 Зэманым хьэкъ тщещI абыхэм ди гъащIэм щаIыгъ увыпIэр зыхуэдэр, я мыхьэнэр.  Ауэ, итIанэми, адэ-анэ дыхъуным дыщынэс зэманырщ нэгъэсауэ къыщыдгурыIуэр дыкъэзыгъэщIахэм къытхуащIа псор.

ГъукIэ Маринэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ