Фэеплъ зэхьэзэхуэм ди спорстменхэр щытокIуэ

 Тэрч къалэ дэт «Терек Олимп» спорт комлексым щекIуэкIащ 2007-2008 гъэхэм къалъхуахэм дзюдомкIэ я республикэпсо зэхьэзэхуэ. Илъэс къэс къызэрагъэпэщ зэпеуэр фэеплъ хуащIащ Урысей Федерацэм спортымкIэ и мастер Хьыдзэдж Артур. Саугъэт нэхъыщхьэхэм щIэбэнащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ингушым, Остие Ищхъэрэ-Аланием, Осетие Ипщэм щыщ спортсмен 348-рэ.
Фэеплъ зэхыхьэм и хьэщIэ лъапIэу щытащ Ныр Сэфарбий и цIэр зезыхьэ «ДзюдомкIэ олимп резервыр щагъэхьэзыр спорт школым» и унафэщI Емкъуж Мухьэмэд. Тренер цIэрыIуэм къызэхуэсахэм яхуиIуэтэжащ Хьыдзэджым и спорт зэфIэкIхэр икIи спортсмен ныбжьыщIэхэм ехъэхъуащ зэIущIэ дахэхэр къагъэлъэгъуэну.
Я хьэлъагъ елъытауэ дзюдоистхэр гуэшауэ щытащ гуп пщыкIухыу. ЩIалэ цIыкIухэм я деж щагъэджэгуащ медаль комплектипщI, хъыджэбзхэм я гупыр хы хъурт.
ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм япэ гуп увыпIэр щаубыдащ дыщэ медалу 5, дыжьыну 6, домбеякъыу I8 зыIэрызыгъэхьа Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм. Абыхэм къакIэлъокIуэ Осетие Ищхъэрэ-Аланиемрэ Ингушымрэ къикIа хьэщIэхэр.
Ди спортсменхэм ящыщу щыбэна хьэлъагъхэм пашэныгъэхэр къыщахьащ Дзэгъэл Миланэ, Дудар Идар, Мизиев Хьэжмусэ, Молэ Мухьэмэд, Жэмыхъуэ Ренат сымэ.
Фэеплъ зэхьэзэхуэм и дыжьын медалхэр зыIэрагъэхьащ Ахэмын Адисэ, Дыкъынэ Андзор, Темрокъуэ Идар, ТыIэщ Тамерлан, Уянаев Аслъэн, Куэшей Тамерлан сымэ.
Къуэдзокъуэ Иланэ, Хъущт Динарэ, Тхьэзэплъ Луизэ, Дудар Камиллэ, Къуэшыкъуей Идар, Сокъур Мухьэмэд, Уэдыхь Астемыр, Хъуран Къантемыр, Мысыр Саид, КIэд Iэдэм, Тау Инал, Бачиев Ахъмат, Мамий Атмир, Къудей Идар, Уэркъ Тамерлан, Къуэдз Алий, Къанэмэт Къантемыр, Бегиев Даниял сымэ зыхэта гупхэм ещанэ увыпIэхэр щаубыдащ.
 Хъыдзэдж Артур и фэеплъ зэхьэзэхуэм хэта ди республикэм и щIыхьыр зыхъума спортсменхэр ягъэхьэзыращ Иванов Дмитрий, Апхудэ Анзор, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ, Мырзэ Тимур, Махуэ Олег, Шаваев Хьэнэфий, Гъумар Марат, Емкъуж Рустам, Сэралъп Олег сымэ.
Зэпеуэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ Тэрч муниципальнэ щIыналъэ администрацэм къыбгъэдэкIыу кубокхэмкIэ, медалхэмрэ грамотэхэмкIэ ягъэпэжащ. Хъыдзэдж лъэпкъым ягъэува ахъшэ саугъэтхэр тыгъэ хуащIащ «ТекIуэныгъэм ерыщу хущIэкъуа», «Спорт техникэ нэхъыфI къэзыгъэлъэгъуа» дзюдоист нэхъыфIиплIым.

Къэхъун Бэч.
Поделиться: