ГуфIэгъуэ нэхъ нэщхъей дыдэр

Гранадэм километри 8-кIэ фIэкI пэмыжыжьэ Виснар къуажэм и гъунэгъуу I936 гъэм щаукIащ Испанием и усакIуэшхуэ Фредерикэ Гарсиа Лоркэ. Пушкин хуэдэ нэгъуэщI усакIуэ щэджащэхэми ещхьу, испан усакIуэри гъащIэ кIэщIт.
Лоркэ къыщалъхуар Испаниер къыщытIэсхъа, и колониехэри щыфIэкIуэда лъэхъэнэрт.
Фредерикэ Гарсиа Лоркэ I898 гъэм мэкъуауэгъуэм и 5-м Гранадэм пэмыжыжьэу Фуэнте Вакерос (испаныбзэкIэ «Iэхъуэ IункIыбзэ») жыхуиIэ андалуз къуажэм къыщалъхуащ. НыбжьыщIэр къэзыухъуреихьыр уафэр, Iэхъуэхэр, цIыху куэд щызэхэземыкIуэ губгъуэхэрат.
И дзыхь псоми езыгъэз фIэщхъугъуафIэ, зи щхьэ хущымытыжыф, политикэ Iуэхухэм зыри хэзымыщIыкI сабийр нэхъыбэу зыхэпсэукIыр езым и нэкъыфIэщIхэм къыщигъэщI гупсысэхэрт. УсакIуэм и ныбжьэгъуу щытахэм зэраIуэтэжамкIэ, Лоркэ и усэхэр тригъэдзэну пIащIэртэкъым, абы и щхьэусыгъуэри тхылъ напэкIуэцIым щынэсам деж усэм и псэр хэкI хуэдэу къызэрилъытэрт. Ауэ фIэфIт и усэхэм къеджэну, къыщелъэIухэм дежи и гуапэу цIыхухэм къахуеджэрт. Апхуэдэ дыдэуи фIэфIт и усэхэр зыгуэрхэм яритыну, уеблэмэ ахэр зытетха тхылъымпIэ кIапи езым къызыхуимыгъэнэжу.
Зэрыхабзэу, прозаикхэм я литературэ лэжьыгъэр усэкIэ къыщIадзэ. Лоркэ усакIуэ хъуным къызэрыщIидзар прозэкIэщ. «Къызэрысщыхъуахэмрэ дунейм и плъыфэхэмрэ» зыфIища, гъуэгуанэ тхыгъэхэр зэрыт тхылъ цIыкIум щызэхуэхьэсат Испаниер къыщызэхикIухьым илъэгъуахэмрэ ахэр къызэрыщыхъуамрэ къыщиIуэта тхыгъэхэр. Тхылъыр япэ щIыкIэ Гранадэм - I9I8 гъэм, иужькIэ I92I гъэм и гъатхэм Мадрид къыщыдэкIащ. А зэманым усакIуэр Студент Резиденцэм и университет щхьэхуит жыхуаIэм щыпсэурт. А лъэхъэнэрщ Лоркэ и зэфIэкIым драматургиеми щыщеплъыжар: къехъулIакъым «Хьэндрабгъуэм и удыгъэр» пьесэр. Пьесэр къемыхъулIами, абы хэплъагъуэрт усыгъэм и къаруушхуэ зэрыхэгъэпщкIуар. А гъэ дыдэм Лоркэ къыдигъэкIащ и япэ «Усэ тхылъыр». ИужькIэ къыкIэлъыкIуащ «Канте хондо поэмэ» (I92I), «Уэрэдхэр» (I92I-I924) тхылъхэр. Абыхэм IупщIу къахэIукIырт усакIуэм езым и макъ лъэщ зэриIэжыр. Езым и макърэ хъэтIрэ зэфIигъэувэжынымкIэ Лоркэ сэбэп къыхуэхъуащ музыкэр. Музыкэр Лоркэ и гъащIэм прозэми усэми япэжкIэ хыхьауэ ялъытэ.
Лоркэ и псалъэр ныкъуэжыIэу зэпыудащ. УсакIуэр хунэсакъым итха псори къыдигъэкIыну. Дуней псом щикъухьащ Лоркэ итхауэ щыта письмохэр. Письмохэм абы куэдрэ дилъхьэрт и тхылъхэм хэмыхуа Iэрытххэр...
«Лъагъуныгъэ кIыфIым и сонетхэр» тхылъыр кIуэдауэ ялъытэрт. Езы усакIуэр ямыукI щIыкIэ жиIэгъащ а тхылъым сонетищэ зэритынур.
Сонетхэм ящыщ зым мыпхуэдэу щыжыIащ: «ГуфIэгъуэ нэхъ нэщхъей дыдэр – усакIуэу ущытынырщ. Адрейхэр зыми щыщкъым. Уеблэмэ ажалри».
Налкъутналмэс
 Вагъуэ папцIэм, налкъутналмэс къыпфIэщIу,
ХъуаскIэр пылъэлъу пхесыкI уафэ лъащIэр,
Бзу щаIыгъар гъэру нэгъуэщI дуней,
Хуит къэхъужу къэлъэтэжа нэхъей.

Хуитыныгъэм щIэхъуэпсрэ щыгъуэу,
Епхауэ зэрыса абгъуэ абрагъуэм
КъикIыжауэ, къыпэщIэхуэмкIэ егъэшыр,
КъыгурымыIуэу быдэу зэрепхар ар хьэршым.

НэгъуэщI дунейхэм я щакIуэхэр
Хьэршым щызокIуэ ещакIуэхэу
Даущыншагъэм, нэхум я гуэл щхьэфэхэм
Щхьэхуиту тесыкI къыу дыщафэхэм.

Щиху жыгыщIэхэр макъкIэ ину
Алыфбейм къызэдоджэхэр.
Итрыгъум нэса щиху жыгыжьырщ,
И къудамэхэр дэсысу акъужьым,
ЖыгыщIэхэр езыгъаджэр.
Иджы бгы лъагэ жыжьэ задэм
КIэн щыджэгу хъунщ хьэдэхэр:
Яхуэмыхьыжу, зэшу
Iуэхуншэу хэлъыну хьэршым!

Хьэндыркъуакъуэ, къыхэдзэ уэрэдыр!
НэщIэпкIэ, къытехьэ дунейм!
Даущыншагъэр зэпывуду,
Хуиту къэвгъаджэ фи бжьамийр!

Унэм сыкIуэжу сытохьэжыр гъуэгум,
Зыгуэрым щхьэкIэ мэгузасэ си гур.
Си бзу цIыкIухэр щIэпIейтей мы си псэр шынэу.
ЩIэплъыпIэм жыжьэу уафэ джабэм и псыкъуийм
ЙотIысхьэжыр махуэ нэхум и гуэгуэныр!
КъэгъэшыпIэм
Сыхуейщ згъэзэжыну сабиигъуэм,
Сабиигъуэм адэкIэ - пшагъуэщ.

Сэлам зэтхыжын, бзуущхъуэ?
Узыншэу! Си ужьыр махуэ пхухъу!..
Сэ сыхыхьэжынщ кIыфIыгъэм,
Удзыр щыгъагъэм сынэсын си гугъэу.

Сэлам зэтхыжын, мэ гуакIуэ?
НэпIащIэ...
Укъыхихыну жэщ удзым и гъэгъам,
АдэкIэ, адэкIэ уихьэнщ псэм и лъащIэм.

Узыншэу, лъагъуныгъэ!
КъохъулIэну уиIэ псори гугъэу!
(Къохъуэхъур си гур, хыхьэжурэ кIыфIыгъэм...)

ЗэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ.
Поделиться: