ЦIыху псори щызэкъуэувэ махуэ

«Полк уахътыншэ» урысейпсо Iуэхур зэраубзыхуауэ щытам хуэдэ дыдэу мы гъэм ирагъэкIуэкIынущ. ЦIыхухэр я уэрам нэхъыщхьэхэм ирикIуэнущ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда я адэшхуэхэм, Iыхьлыхэм я сурэтхэр яIыгъыу.
Абы иджыблагъэ тепсэлъыхьащ «Урысейм и полк уахътыншэ» ООД-м и штаб нэхъыщхьэм и унафэщIхэм ящыщ, генерал-полковник, Георгий Щихъым и орденым и IV нагъыщэм и кавалер Макаров Сергей.
«ЦIыхухэм хъыбарыфIкIэ дадэгуэшэну дыхуейщ «Полк уахътыншэр», хабзэм тету зэрекIуэкIынур яжетIэу», - къыхигъэщащ абы.
А Iуэхур иужьрейуэ щекIуэкIар 20I9 гъэращ. 2020, 202I гъэхэм коронавирус узыфэм и зэранкIэ цIыхухэр зэпэIэщIэу ар къызэрагъэпэщат. УФ-м и Къэрал Думэм лэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ ветеранхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Цунаевэ Еленэ зэрыжиIамкIэ, лIыхъужьхэм я сурэтхэр цIыхухэм пщIэншэу щрагъэщIыфынущ Къалэн куэд щагъэзащIэ центрхэмрэ пощтым и къудамэхэмрэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, япэ дыдэу акцэр Томск къалэм 20I2 гъэм къыщызэрагъэпэщауэ щытащ. Иужьым урысейпсо мыхьэнэ игъуэтауэ гъэ къэс накъыгъэм и 9-м ирагъэкIуэкI. 20I9 гъэм абы хэтащ цIыху мелуани I0-м щIигъу. Апхуэдэуи «Полк уахътыншэм» и сайтым къратхэ Хэку зауэшхуэр зи нэгу щIэкIахэм жаIэжа хъыбар куэд.
2022 гъэм текIуэныгъэм и махуэшхуэри зэрагъэлъапIэм зэхъуэкIыныгъэ имыIэну етх Урысейм и Президентым и пресс-секретарь Песков Дмитрий. Накъыгъэм и 7-м генеральнэ репетицэр екIуэкIынущ, накъыгъэм и 9-м - езы Парадыр. А махуэ дыдэм Александр и жыг хадэм хабзэм тету удз гъэгъахэр тралъхьэнущ сэлэт ямыцIыхум и кхъащхьэм.
Хэку зауэшхуэр зылъэмыIэса унагъуэ къэралым зэримысыжыр хэти ещIэ. Аращи, Урысейм и Президентым мы Iуэхум мыхьэнэшхуэ ирет икIи илъэс куэдкIэ ар иджыри екIуэкIын хуейуэ къелъытэ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу