Лъэпкъ IэзэкIэ

«УIэгъэ хъуауэ и лъыр щIокI,
УзыхищIэжкъым, узэхихкъым…», - Лермонтов Михаил.

Зэхэуэ гуащIэм и Iэужьу зауэлIыр уIэгъэ хъуамэ, и къупщхьэ къутамэ, «щIопщакIуэкIэ» зэджэ Iуэхугъуэм нэхъ сэбэп щымыIэу къалъытэрт адыгэхэм. Абы жьыи щIэи хэтт, ауэ куэд дыдэ зэлъытауэ, Iуэху хьэлъэ зи пщэ къыдэхуэр щIалэгъуалэрат. Дэтхэнэми и акъыл жанымрэ гушыIэкIэ дахэмрэ игъэлъэгъуэну хущIэкъурт, сымаджэм и узыр щхьэщахын, и гупсысэхэр фIым хуаунэтIын папщIэ. ЩIалэгъуалэр гушыIэу, уэрэд жаIэу, къафэу зэхэтыху, Iэзэм шэр къыхихыжырт.
Сыт къемыузами, зауэлIым и псэм телъ гугъуехьыр игъэпщкIуфу щытын хуейми, шэр Iэпкълъэпкъым къыщыхахкIэ, щIалэгъуалэм я джэгур нэхъри кърагъаблэрт, пшынауэм и пшынэбзэм щэIу макъыр жыжьэу уигу къэзыгъэкIыж пшынэ Iэпэхэр къыхигъэщырт. Ар апхуэдэу щIащIэр, зызымыщIэж, узым игъэундэрэщхъуа сымаджэр зыгуэркIэ къыхэщэIукIмэ, и напэр темыкIын папщIэт, пшынэбзэм къыхэща щэIу макъым ар щIиуфэн хуейуэ арат. Апхуэдэ Iуэху мытыншым зэманышхуэ ихьми, жэщ псом цIыхухэр зэхэмыкIыу зэхэтт, сымаджэр ямыгъэжейуэ. Адыгэхэм къызэралъытэмкIэ, къару бзаджэхэр щыятэр жэщрати, уIэгъэ хъуа лIыхъужьыр зэрыжейуэ ахэр къеуэлIэнкIэ шынэрт.
Дуней псом щыцIэрыIуэ дохутыр Пироговым иджырт адыгэхэм я IэзэкIэр. Абы зэрыжиIэу щытамкIэ, адыгэхэм я медицинэр адрей лъэпкъхэм куэдкIэ ефIэкIырт, щIопщакIуэри хуабжьу сэбэпт, уIэгъэ хъуам шэ къыщыкIуэцIыпхыжкIэ е и Iэпкълъэпкъым щыщ пыупщIын хуей хъуамэ. Хирург цIэрыIуэм зыкъиумысыжауэ щытащ адыгэхэм якIэлъыплъа нэужь, медицинэ и лъэныкъуэкIэ IэщIэхуа гугъэ, фIэщхъуныгъэ гуэрхэр къызэщIэушэжауэ.
Апхуэдэу адыгэ цIыхубзхэм IэзэкIэ зэмылIэужьыгъуэ куэд яIэт. Абыхэм пIейтеиншэу яхуэгъэхъужырт дуней псор зыщыщтэ фэрэкIыр.
ХVIII-нэ лIэщIыгъуэм и пэхэм адыгэщIым щыхьэщIа франджы зыплъыхьакIуэ, дипломат Абри де ла Мотре и тхыгъэхэм къахэнащ мыпхуэдэ гукъэкIыжхэр. I7II гъэм абы и нэгу щIэкIащ фэрэкI зэуз адыгэ хъыджэбз цIыкIур зэрагъэхъужар. Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщи, Европэм фэрэкIым и хущхъуэ къыщагъуэтар I796 гъэращ, илъэс 85-рэ дэкIыжауэ! Абы къегъэлъагъуэ адыгэхэм я IэзэкIэр адрей щIыналъэ жыжьэхэм ебгъапщэмэ, куэдкIэ ипэ иту зэрыщытар.
Дауи, а зэманым адыгэ бзылъхугъэхэм фэрэкIым къыхуагупсыса хущхъуэгъуэм медицинэ и лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, щIэныгъэм къитIасэу къыщIэкIынкъым. Арами, илъэс щэ бжыгъэкIэ адыгэхэм къадекIуэкIа IэзэкIэм сэбэп зэрыхэлъам и щыхьэт куэд тхыдэм къыхожыщ.

Нэгъэплъ Аскэрбий, «Адыгэ хэку. Адыгэ хабзэ».
Поделиться: