Зи IэщIагъэм хуэIэижьхэрХъыбар гуапэ Ди къэралым и щыхьэр Москва къалэм дэт Урысей социальнэ университетым иджыблагъэ щыхэплъэжащ «Сэ си IэщIагъэм фIы дыдэу хызощIыкI» урысейпсо студент зэпеуэм кърикIуахэм. КъБКъУ-м и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, абы ехъулIэныгъэ иIэу хэтащ ди университетым и студенткэ Биттуевэ Эльмирэ. «Социальная работа» IэщIагъэмкIэ бакалавриатыр къэзыух пщащэ цIыкIур а унэтIыныгъэмкIэ пашэ щыхъуащ къэралпсо зэхьэзэхуэм. Промышленникхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я урысейпсо зэгухьэныгъэмрэ (РСПП) «Iуэху щащIэ Урысей» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ къызэрагъэпэща а зэпеуэ хьэлэмэтым хэта студентхэр япэщIыкIэ щызэхьэзэхуащ щIыпIэхэм, щIыналъэхэм. Абыхэм пашэ щыхъури, Москва щекIуэкIа кIэух Iыхьэм хэтыну ирагъэблэгъащ. Эльмирэ зэрыжиIэжымкIэ, ахэр унэтIыныгъэ зыбжанэкIэ зэпеуащ. Апхуэдэхэт, къапщтэмэ, хабзэхэр зэращIэр, дэфтэрхэр зэрыгъэхьэзырыпхъэр, щытыкIэ гугъум ихуа унагъуэм щIэсхэм уазэрыдэлэжьэнур, а къэпщытэныгъэхэмрэ къэхутэныгъэхэмрэ зи лъабжьэ дэфтэрхэр къызыхуэтыншэу зэрызэхэбгъэувэнур. А псоми тэмэму, дагъуэншэу пэлъэщыфащ ди лъахэгъу пщащэр икIи балли 157-рэ хуагъэуври, текIуауэ къалъытащ.
Поделиться:
Читать также:
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
10.04.2024 - 11:00 →
Дисанэ и ехъулIэныгъэ
08.04.2024 - 12:46 →
Мазэм и хъыбар
|