«ЛIэныгъэмрэ псэуныгъэмрэ зэпызыщIэ вагъуэ»

Адыгэм нэщэнэ иIэщ: махуэ плIыщI фIэкIа псэуну къызыхуэмынэжа цIыхум и нэ вагъуэр имылъагъужу. Ауэ хэт ар зигу къэкIыу и нэ вагъуэр илъагъу-имылъагъу махуэ къэс зэхэзыгъэкIыр?! ЛIэныгъэм ехьэлIа гупсысэм куэдыр щощтэ, апхуэдэ гупсысэм зыпыIуадз, гъунэгъу зыхуащIын мэшынэ. Ауэ! ЛIэныгъэм емыгупсысыр езыр абы гъэру иIыгъхэрщ. Гува-щIэхами лIэныгъэр дэтхэнэми къызэрытщIэлъым арэзы техъуарщ хуиту псэур! Философ гуэрым жиIащ «Философие гупсысэ уи­Iэныр - лIэныгъэм зебгъэсэнырщ». Пэжуи, гъащIэри лIэныгъэри и гупсысэм къизыгъэзэгъэфырщ философ нэсыр. Уса­кIуэр-щэ?! Дауэ зыхищIэрэ абы лIэныгъэм ехьэлIа гупсысэр? Апхуэдэ гупсысэхэр щыпхышащ Ацкъан Руслан и усыгъэм.
ЦIыху къызэрыгуэкIым зыхимыщIэф гурыщIэхэмкIэ тхьэр къыхуэупсащ Ацкъан Руслан, абы елъагъу, зэхех, зыхещIэ адрейхэм я гум къэмыкI куэд. Апхуэдэу, абы къелъа­гъуф жэщ фIыцIэ кIыхьыр хьэлъэу зэры­бауэр, зэрыщэIур икIи къыгуроIуэ, ар и кIэухым нэса зы Iуэхугъуэу зэрыщытыр. Нэху щымэ, нэгъуэщIхэм жаIэнщ апхуэдэ зы бэлыхьи жэщыр хэмытауэ. Ауэ усакIуэм ищIэркъэ нэхулъэр къызэкIэщIитхъыху, псэ гуэр пщэдджыжьым зэрыпэплъар - арат къезыгъэлыфыну щыIэр.
Унэм и образыр цIыху гупсысэм хэтщ ­дунейр къызэригъэщIрэ. Абы хуокIуэ Ац­къан Руслани - щхьэгъубжэ зыхэмылъ унэм и образ лъэщ къегъэщI. Щхьэгъубжэншэ унэм и образымкIэ къегъэлъагъуэ гъащIэр зыхэзымыщIэ, мыгуфIэф икIи мынэщхъеиф, и пIэм ижыхьа, дунейр зымыгъэщIагъуэ псэ. Апхуэдэ щы­ты­кIэм итым гъащIэ иIэнкIэ угугъэ хъужынукъым. Къэбэрдей поэзиер лIэныгъэм апхуэдэу гъунэгъуу япэу бгъэ­дыхьауэ аращ а образымкIэ. Ди усакIуэхэм я нэхъыбэм я тхыгъэр ухуащ зыгуэрым тепсэлъыхьрэ - къызэпкърахыу, а къы­зэпкъ­рахам - жэуап пыухыкIам хуагъэкIуэжу. Ацкъаным и усыгъэр нэгъуэщIщ. Ар зэпымыууэ зыгуэрым щIоупщIэ, мэлъы­хъуэ, ауэ жэуапым хуэкIуэркъым. Нэхъыщ­хьэращи, ар сыт щыгъуи зыгуэр мэлъы­хъуэ.
УсакIуэ псори зытетхыхь Iуэхугъуэхэр Ацкъаным щIэщыгъуэу, зыми хэмыгъуэщэну дегъэлъагъу. И дэтхэнэ усэми къызэпхопс гу къабзагъэ, щабагъэ, ­гуапагъэ. Зытетхыхьыр апхуэдизу IупщIу уи нэгу къыщIегъэувэфри, уеблэмэ, уIэбэмэ улъэIэсыну къыпфIощI.
Ацкъаным и усыгъэ куум куэдрэ ущыIуощIэ лIэныгъэм ехьэлIа гупсысэм. Абы сабиигъуэм, щIалэгъуэм щытепсэлъыхькIи, насыпыр къыщилъыхъуэкIи, жьыгъэм щынэскIи, щIыуэпсым, зэманым защыхуигъазэкIи, лъагъуныгъэ къыщылъыскIи. ЛIэныгъэм ехьэлIа гупсысэхэр къыдоуей, дыгъэр щыкъу­хьэж­кIэ, жыгым тхьэмпэр щыпыхукIэ, псыр щежэхкIэ, гъуэгур щабгынэкIэ, пшэр щыкIуэдыжкIэ, жьыбгъэр щыблэкIкIэ, мы­вэр щыкъутэкIэ, жыгыр къыщраудкIэ, дунейр щым щыхъукIэ, ныбжь щытридзэкIэ, уэшх къыщешхкIэ. Псом хуэмыдэу къытрагъазэ щIыIэм, жэ­щым, бжьыхьэм, жыгым я образым. ЩIыIэм ажалым узэрыхуишэм девгъэп­лъыт:

Хуабэр Iэпкълъэпкъым хокIыр, зыхэс­щIэу,
ткIуэпс щIыIэ хуэдэщ щIыхьэ фэ щIагъым…
Псыр зыгъэщIыIэм щыщ гуэр къысхохьэ,
гурыщIэ пщтырхэр игъэупщIыIужу.
Си псэр кIуэжыну зэми къытохьэ,
унэ зэриIэр и фIэщ ищIыжу.

ЩIыIэмрэ кIыфIымрэ зэщIэту къы­щы­кIуи урохьэлIэ:
ЩIыIэми, кIыфIыгъэми сосэж,
лъагъуэ къыспэщылъым сегупсысу.

ЩIыIэр гъусэ яхуохъу жэщымрэ бжьы­хьэмрэ. Мыри гъэщIэгъуэнщ: ажалым щепсалъэкIэ Ацкъаным и усыгъэм къыхы­хьэр щIымахуэркъым, атIэ бжьыхьэрщ:
СыIусщ щхьэгъубжэм. Бжьыхьэ жэщщ.
ЩIы цIынэм хохуэ тхьэмпэ псыфхэр.
Аргуэру си гум къихьэжащ
щытар ныбжьэгъум я нэхъыфIу.

Ацкъаным и усыгъэм жыгым и образым увыпIэшхуэ щеубыд. Жыгыр фIыуэ ­елъагъу икIи тотхыхь и пкъыгъуэ псоми: и лъабжьи, тхьэмпи, къудами, и щхьэкIи… Уса­кIуэр мэгузавэ, жыгыр пхъэ гъэсыныпхъэу щраудкIэ, къэна жыг дакъэр сыным ирегъэщхь:
Мэгъу щыму жыг дакъэр. Жэуапым
иджыри сэ куэдрэ сежьэнщ.
Сигу къокI: мыпсэу жыгхэр гузавэу,
я гугъэу зэгуэр дыпIыщIэн…

Тхьэмпэм хэт тхыпхъэр мэпсалъэ. Ар зэ­хэзыхыфри мащIэщ. УсакIуэр ар зыхи­щIэми къыщымынэу, езыр тхьэмпэм йопсалъэ:
Жыг тхьэмпэ, щхьэ ухэплъэрэ?
Укъыпысчынукъым, нэху.
Упызгъэтынщ, ущIэсIэтэу.
Езыми зыпумыгъэху.

Ацкъаным нэхъыбэу усыгъэм къыщигъэлъагъуэ щытыкIэр къэпхутэну и ужь ущихьэкIэ, гу лъыботэ «зэхуакум дэт» щы­тыкIэ: гъащIэмрэ лIэныгъэмрэ, бжьы­хьэмрэ щIымахуэмрэ, уафэмрэ щIы­лъэм­рэ. Дыгъэмрэ вагъуэхэмрэ я зэхуаку къы­дэна псэм къыфIощI абы я щэху гуэрым лъэIэсауэ:

Дыгъэм и лъэужьыр егъэсыж,
Вагъуэм и лъэужьыр егъэпщкIуж.
А тIум я кум псэм зыщеухыж,
Я щэху гуэр лъэIэсу къыщыхъужу…

Укъызытехъуа щIыгур игъащIэкIэ убгынэн гупсысэр егъэлеяуэ хьэлъэщ. ЛIэныгъэр къылъэщIэмыхьэ щIыкIэ губгъуэм, бгыхэм яIуплъэжыну хуейщ лIыхъужьыр:
Аргуэру зыщаущэхуу пшэ-тхъурымбэм,
ди къуршхэр зэрагъэпскIым сегъэп­лъыж.
Жыг хужьхэр щыпхысыкIкIэ жэщ кIыфIыгъэм
я ужьым ситу зэ сыгъэущыж.

Мыри гъэщIэгъуэнщ: Ацкъаным и усыгъэм жьыкIэфэкIэмрэ жьыгъэмрэ щызэ­пэ­щIэуэу къокIуэ. Япэм егъэгуфIэ, етIуа­нэм егъэнэщхъей. ЖьыкIэфэкIэм дунейр хуэныкъуэщ, абыхэм Iущыгъэ куэду ­якъуэлъщ. Ауэ усакIуэр езыр пIащIэркъым, жьы хъуну - хуейкъым.

 

ЩоджэнцIыкIу Нинэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор.
Поделиться: