Адрейхэм куэдкIэ къахощ

Сыт хуэдизу тыркухэм къыдамыкъузами, я бзэкIэ псэлъэну хуит ямыщIами, я хасэхэр мызэ-мытIэу зэхуащIыжами, адыгэхэр адрейхэм лIыгъэкIи, нэмыскIи, къабзагъэкIи, щIэныгъэкIи, Iуэху зехьэкIэкIи къахолыдыкI. Щапхъэр куэдщ.
1922 гъэм Фрунзе М.В. Анкара къыщикIыжым, Сунгурмурэ Самаунрэ я зэхуакум щыпсэу ди лъэпкъэгъу унагъуэхэр и бысымт.
«Адыгэхэм хьэщIагъэшхуэ къыдахащ, – итхырт абы. – Урысейм щекIуэкIа революцэм яфIэгъэщIэгъуэну ахэр къыщIэупщIэрт… Сэмэгухэм я агитацэм пцIы къыхуаупсами, абыхэм Iуэхум и пэжыпIэр гурыгъуазэкIэ ящIэрт икIи Совет Урысейм фIыуэ къыхущытт».
АдэкIэ Фрунзе Михаил зэритхымкIэ, адыгэхэм «я нэхъыбэр, псом хуэмыдэу лIыжьхэр, адэжь Хэкум къагъэзэжыну щIэхъуэпсырт».
Ди лъэпкъ щэнхабзэр къуэпс куэдкIэ ИстамбылакIуэм пыщIа хъуащ. 1908 гъэм тырку щыхьэрым къыщызэIуах Адыгэ ФIыщIэ Хасэ. Ар зыухуахэм яхэтащ ЦIагъуэ Нурий. Япэ адыгэ газетыр къыдэгъэкIынми ар хэлIыфIыхьащ. «Гъуазэ» - арат абы зэреджэр. Газетым и япэ номерыр I9II гъэм мэлыжьыхь мазэм и 2-м Истамбыл къыщыдэкIащ. Редакцэм и унафэщIыр Нэгъуджэ Исуфт, ауэ лэжьыгъэр зезыхьэри тхыгъэм я нэхъыбэр зыгъэхьэзырри Уардэ Ахьмэд-Нурт (ар ЦIагъуэм и цIэ лейт). Нурий I9I3 гъэм Къэбэрдейм къегъэзэж.
«Гъуазэр» мазиплIкIэ тыркубзэкIэ къыдэкIа иужькIэ ар адыгэбзэкIи традзэу щIадзэ. ЦIагъуэм и IэдакъэщIэкIыу тхыгъэ зыбжанэ тетащ газетым. «Гъуазэм» и напэкIуэцI куэд траухуащ хэхэсхэм я псэукIэм, мухьэжырхэм я щIэныгъэр, щэнхабзэр къэIэтыным, я анэдэлъхубзэр, хабзэр, нэмысыр хъумэжыным. Мыбы къытехуэрт Хэкужь хъыбархэри, ари, пцIы хэмылъу, Нурийт зи фIыщIэр. Газетым и дэIэпыкъуэгъу пажэхэт Цей Умар, Едыдж Хъейруллэ, ЛIышэ ТIэхьир, Ажыгъуей Сулеймэн, ЛIыцIэрыкъуэ Шэмсэдин, ТIутIэрыш Хьэзиз, нэгъуэщIхэри. Абыхэм «Гъуазэм» еджэхэр адыгэбзэр, лъэпкъыр, Кавказыр фIыуэ лъагъуным нэхъри къыхуагъэушырт.
Истамбыл а зэманым щыIа Хасэм зэрихьа IуэхугъуэфIхэр ноби уогъэщIогъуэ. Мухьэжырхэм къахэкIа щIэныгъэлIхэм, тхакIуэхэм, журналистхэм я тхылъ куэд абы щыгъуэ дунейм къытехьащ.
ЩIэныгъэлI Фэтджэрий Мухьэмэд зэритхымкIэ, 1846 гъэм къыщыщIэдзауэ I9I4 гъэм нэсыху Тыркум и къэрал къулыкъу нэхъыщхьэхэр яIыгъащ хамэ щIыналъэ къикIа цIыху минищым. Абы щыщу щиплIыр Кавказым иIэпхъукIа бгырысхэм я бынщ. Абыхэм яхэтащ IэщIагъэ зэхуэмыдэ зиIэ цIыху цIэрыIуэ куэд.
Ахьмэд Джэвит-пэщэр (1840 – 1916), илъэс пщIыкIуплIым иту, Псыжь икIри и адэ-анэм я гъусэу Тыркум Iэпхъуащ. Абы и унэцIэ дыдэр Тхьэрхэтщ. Ахьмэд куэдрэ къулыкъуфIхэр иIыгъыу лэжьащ. I908 гъэм ар Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и Iэтащхьэу хахри, дунейм ехыжыху а Iуэхум псэ хьэлэлкIэ бгъэдэтащ. АдыгэбзэкIэ тхылъ къыдэгъэкIыным Ахьмэд илъэс зыбжанэкIэ яужь итащ. Абы хьэрып хъэтIыр и лъабжьэу зэхелъхьэ адыгэ алыфбей икIи ар I897 гъэм Истамбыл къыщыдегъэкI. Илъэс пщыкIуплI докIри, Тхьэрхэтым и етIуанэ тхыгъэр дунейм къытохьэ. «Адыгэ макъхэм я къэпсэлъыкIэмрэ я тхыкIэмрэ» - аращ абы зэреджэр. А лэжьыгъэр Ахьмэд адыгэбзэкIи, хьэрыпыбзэкIи, тыркубзэкIи къыдигъэкIащ.
Джэвит-пэщэм и ныбжьэгъу пэжу, илэжь IуэхухэмкIи дэIэпыкъуэгъуфIу щытащ щIэныгъэхэм я доктор Пщыхьэлыкъуэ Мухьэмэд-Алий. Ар I864 гъэм бжьэдыгъу хэкум икIыжу хамэщIым кIуэжа лIым и унагъуэм къыщалъхуащ. Тхьэрхэтымрэ Пщыхьэлыкъуэмрэ зэгъусэу «Адыгэбзэм и псалъалъэ» ягъэхьэзырри, абы щыщ зыкъом «Гъуазэм» къытрырагъэдзащ. Езы Мухьэмэд-Алий тхылъитху къыдигъэкIащ: «Адыгэ алыфбей», «Хьудрэ Сэмудрэ», «Кавказым и тхыдэ» (томищу).

Поделиться: