Дон и кубокым

Тхэквондо

ТхэквондомкIэ Дон и кубокыр къэхьыным щIэбэнащ спортс­мени 1200-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэр а зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ.

Дон Iус Ростов къалэм къыщызэхуэсат Урысей Федерацэм и щIыпIэ псоми, Узбекистаным, Къэзахъстаным, Армением, Къыргъызым, Азербайджаным я спортсмен ныбжьыщIэ нэхъыфIхэр. Ахэр ерыщу щIэбэнащ Дон и кубокым.
Зэхьэзэхуэм и япэ махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм дыщэ медалу 7-рэ жэзу 4-рэ зыIэрагъэхьащ. Я ныбжьрэ хьэлъагъымрэ елъытауэ бжьыпэр яубыдащ Къалэ Алим, Яхненкэ Данил, Монастырский Владимир, Шокъуий Ислъам, Ахъмэтхэ Дамиррэ Борисрэ, Тхьэмокъуэ Элинэ сымэ. Абыхэм дыщэ медалхэр, кубокхэр, щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ.

Хьэтау Ислъам.
Поделиться:

Читать также: