НэщIикIыж хьидым теухуа КъБР-м и Iэтащхьэм и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу мус­лъымэнхэм си гум къыбгъэдэкIыу со­хъуэхъу ислъам диныр щызекIуэ дунейм  пщIэшхуэ зыщыхуащI махуэшхуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ НэщIикIыж хьиду Рэмэдан мазэр зэриухам щыхьэт техъуэмкIэ.
А махуэшхуэр и дамыгъэщ псэкупсэ фIыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэу къэтлъытэхэу гущIэгъум, гуапагъэм, фIымрэ захуагъэмрэ я телъхьэу цIыхур зэрыщытым.  А фIыгъуэхэр ди щэнхабзэм,  Урысей Федерацэм  щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэмрэ  яку дэлъ зэгурыIуэныгъэмрэ я Iыхьэ инщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я зэгухьэныгъэм  хэлъхьэныгъэ ин хуещI  ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ, тхыдэ щIэинхэр хъумэным. Абы зэфIигъэкI Iуэхугъуэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ   цIыхухэм, дин зэмылIэужьыгъуэхэр зезыхьэхэм  яку дэлъ зэгурыIуэныгъэр, мамырыгъэр жылагъуэм щыгъэбыдэнымкIэ.
Си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу Къэбэрдей-Балъкъэрым ис цIыху псоми узыншагъэ, мамырыгъэ, насыпрэ зэпэщыныгъэрэ яIэу псэуну. НэщIикIыж хьидым унагъуэ къэс къыхурырехь хуабагъэрэ IэфIыгъэрэ, гуфIэгъуэрэ дэрэжэгъуэрэ.

 

Поделиться: