Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 НэгъуэщI къэралхэм къикIыу Урысей Федерацэм визэкIэ къакIуэ лэжьакIуэхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр зыхуей бжыгъэр убзыхунымкIэ Правительствэм и комиссэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

2022 гъэм          мэлыжьыхьым и 25-м          Налшык къалэ          №93-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
 НэгъуэщI къэралхэм къикIыу Урысей Федерацэм визэкIэ къакIуэ лэжьакIуэхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр зыхуей бжыгъэр убзыхунымкIэ Правительствэм и комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2015 гъэм накъыгъэм и 25-м къыдигъэкIа унафэ №104-ПП-мкIэ къищтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Амщокъуэ Ф. Къ. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу зэхъуэкIын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Профсоюзхэм я федерацэ» союзым и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)»;
б) Ораков А.А. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу зэхъуэкIын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм федеральнэ ахъшэ тыныр къызэгъэпэщынымрэ лэжьыгъэ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщIыр (Правительствэм и комиссэм и секретарщ)».
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий

 

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ палатэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ палатэм теухуа Положенэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ палатэм хагъэхьэжынухэр къыхэхыным кърикIуахэм япкъ иткIэ, щыIэ мардэхэм тету, палатэм хэгъэхьэн егъэджэныгъэм и IуэхущIапIэхэм я студент органхэм мы къыкIэлъыкIуэ я лIыкIуэхэр:
Коломыльцевэ Кристинэ Николай и пхъур - «Бэрбэч Хь.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и студентхэм я совет
Таукеновэ Лейла Хьэким и пхъур- «Бэрбэч Хь. М.и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм Экономикэмрэ финансхэмкIэ и институтым и студентхэм я совет.
2. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2022 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м
№500-П-П

 

 

Поделиться: