Ди фарзыр

 

         1941 гъэм  нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыдащIылIауэ щыта зауэм имыгъэгуIа унагъуэ ди Хэкум ису къыщIэкIынкъым. ТекIуэныгъэр къэзыхьахэм ящыщу а махуэшхуэр зыгъэлъэпIэн нобэ ди Къулъкъужын Ипщэ (Абзуанхьэблэ) къуажэм зэрыдэмысыжри уигу къемыуэу къанэркъым. Ди жылэм щыщу щIалэ хахуэ 465-рэ зауэм дэкIати, къэзыгъэзэжар 287-рщ. Абыхэм ящыщуи зыри псэужкъым.

         Ди лъэпкъым – Iэхъуэбэчхэ – щыщу Хэку зауэшхуэм и гуащIэгъуэ дыдэм хэтащ зы адэ-анэ къилъхуахэу Хьэмидрэ Хьэмзэтрэ, Алджэрийрэ Зуберрэ, Нухьрэ Билалрэ, Амбулкъадир, Амбулчэрим, Зэчий сымэ, Хъызыррэ Назиррэ. Апхуэдэуи лъэпкъым щыщу Хьэмэд, Къэрней, Мэхьил, Нажмудин, Жантемыр, Хьэднан, Амбулгъэфар. Къэзыгъэзэжар 8-рщ, адрейхэм Хэкум папщIэ я псэр ятащ.

         Алджэрий щхьэмыгъазэт, шынэ ищIэртэкъым, «пелуанщ» хужаIэрт. Ар яхэтащ Брест быдапIэр зэрыпхъуакIуэхэм Iэрамыгъэхьэу махуэ 26-кIэ япэщIэтахэм. «ДыхэкIуадэми, зыттынукъым» - апхуэдэу тетщ быдапIэм и блынджабэм. МыжурэкIэ къратхъа псалъэхэм яхэтщ Iэхъуэбэч унэцIэри…

         Алджэрий комсомолым хэтт. Сэ абы щыгъуэм сыцIыкIуами, нобэ хуэдэу IупщIу си тхьэкIумэм къоIуэ зауэм ар езыгъажьэ и Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ захуигъазэу, урысыбзэкIэ: «Комсомольцы уходим на священную войну!» - зэрыжиIэгъар. Иужьрей дыдэу Брест къалэм къикIа тхыгъэм Алджэрий къыщысщытхъурт: «Хьэшим, письмо къыщысхуэптхыфакIэ, лIы ухъуащ. Бий бзаджэм нэхъ псынщIэу дытекIуэну ухуеймэ, фIыуэ еджэ. Нэзытхыр Алджэрийщ».

         Iэхъуэбэч Билал 1941 гъэм къыщыщIэдзауэ 1945 гъэм накъыгъэм и 9-м нэсыху ди Хэкур ихъумэу зэуащ. Ар Сталинград зыхъумахэм, Белоруссиер щхьэхуит къезыгъэщIыжахэм яхэтащ. Билал тIасхъэщIэх гупым я пашэу нэмыцэхэр гъэр ящIу псэзэпылъхьэпIэ куэдым Iууащ. Абы и лIыгъэм къыпэкIуащ Вагъуэ Плъыжь орденыр, ЩIыхь орденым и етIуанэ нагъыщэр, «Сталинград зэрихъумам папщIэ» медалыр, нэгъуэщI щытхъу тхылъ куэди. И лъахэм къигъэзэжри, бийм зэхикъута колхозыр зэфIэгъэувэжыным ар жыджэру елэжьащ. Апхуэдэуи къуажэ советым и секретару, иужькIэ губгъуэ бригадэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ щытащ.

         Билал и къуэш Нухьи зауэм и пэм щегъэжьауэ иухыхункIэ зауэлIхэм я щапхъэу абы хэтащ. Лейтенант нэхъыжьым зэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ я щыхьэту Нухь дамыгъэ лъапIэхэр и бгъэм къыхэлыдыкIыу  Абзуанхьэблэ къигъэзэжащ икIи колхозым щызэхэт парторганизацэм и секретару илъэс куэдкIэ лэжьэжащ.

         Iэхъуэбэч Мыхьэмэтрэ ГуащэIэфIрэ бынибл зэдагъуэтати, Алджэрийрэ Зуберрэ я псэр я Хэкум папщIэ ятащ. Шыпхъуитху яIэти, плIым я щхьэгъусэхэри зауэ гущIэгъуншэм хэкIуэдащ.

         Аращ «зауэм и кIэр хьэдагъэщ» щIыжаIэри. Нобэ псэухэми къытщIэхъуэ щIэблэми ди фарзщ псэкIэ, лIыхъужьыгъэкIэ, лъыкIэ Хэкур тхуэзыхъумахэм яхуэфащэ пщIэ яхуэтщIыну, я фэеплъыр тхъумэну. Тхьэм апхуэдэ зауэ афIэкIа зэи димыгъэлъагъу.

    

 

IЭХЪУЭБЭЧ Хьэшим, лэжьыгъэм и ветеран.
Поделиться: