Бэрау зэшхэр

Совет Союзу щытам зы унагъуи идгъуэтэну къыщIэкIынкъым 1941 - 1945 гъэхэм екIуэ­кIа Хэку зауэшхуэм и нэп­къыжьэ зыжьэхэмыуа. Иджы мы махуэхэм, ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 77-рэ щрикъум ирихьэлIэу, а лъэхъэнэ хьэ­лъэм яфIэкIуэда нэхъы­жьыфI­хэр я Iыхьлыхэм ягу къагъэкIыж, абыхэм я фэ­еплъ нэхум пщIэ хуащI. 

Къэралыр псэзэпылъхьэпIэ щихуэм, ди цIыхухэр зэщIэтаджэри, зылI и щIэблэу, бий ерум пэщIэуващ. Ди щхьэхуитыныгъэр ихъумэу, зэрып­хъуакIуэхэм къэмылэнджэжу япэщIэтахэм яхэтащ Бэраухэ я бын пажэхэу Хьэжумар и къуэ Къэралбийрэ ХьэкIашэ и къуэ Аслъэнджэрийрэ. 

Къэралбий

Къэралбий Псыхуабэ дэт ­мэкъумэш институтым щIэ­тIыс­хьащ, Хьэтуей дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь. 1937 гъэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ иIэу къуажэм къигъэзэжащ. А илъэс дыдэм дзэм дашащ. Адыгэ щIалэм абы зэфIэкI къыщигъэлъэгъуащ, зауэ хуэIухуэщIэхэм куууэ зы­щыхигъэгъуэзащ, къызыхэкIа лъэпкъым хуэфащэу и къулыкъур щрихьэкIащ. 
Зыхэхуар гъунапкъэхъумэ дзэ­хэрати, жэуаплыныгъэ зы­пылъ пщэрылъхэр къыщащIырт, и командирхэм дзыхь къыхуащIырт, езыми ар игъэ­пэжырт. Абы и щыхьэтщ къулыкъум зэрыщыIа илъэсищым ­къриубыдэу щIыхь тхылъхэр къызэрыратар, фэеплъ тыгъэ­хэр къызэрыхуащIар, коммунист партым зэрыщыхагъэ­хьар.
Дзэм къыхэкIыжа иужь, Къэралбий Урыху МТС-м и уна­фэщIым политикэ IуэхухэмкIэ       и къуэдзэу лэжьащ. 1941 гъэм Лэскэн райвоенкоматым инс­труктору ягъэкIуащ икIи зи армэ кIуэгъуэхэр абы щыхуигъэ­хьэзыращ.
ЗэрыпхъуакIуэхэр ди къэралым къыщытеуэм, нэгъуэщIхэми хуэдэу, фронтым ягъэкIуэ­-ну куэдрэ щIэлъэIуами, занщIэу яутIыпщакъым, сыту жыпIэмэ, 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэр къызэзыгъэпэщын ­хуейхэм ар ящыщти. А Iуэхум езы Къэралбий и зэфIэкI хилъ­хьащ. Шуудзэр хьэзыр щы­хъум, абы хэту 1942 гъэм и накъыгъэ мазэм фронтым кIуащ. Ар ящыщщ Ростов областым и щIыналъэм, Сталинград и Iэшэ­лъашэм, Новороссийск деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм хэтахэм. 
Керчь къалэм щебгъэры­кIуэм, Бэраур уIэгъэ хьэлъэ ­хъуащ. И узыншагъэр зэтеувэжа нэужь, Мэзкуу пIалъэ кIэщI­кIэ щеджэну ягъэкIуащ икIи лейтенант нэхъыжь хъуауэ абы къикIыжри 194-нэ Речицкэ Бэ­ракъплъыжьзехьэ фочауэ дивизэм и 616-нэ полкым хагъэ­хьащ. 
Командир Iэзэм и мызакъуэу, Къэралбий икIи шыщхьэмы­гъазэт, зыри япэ иригъэщынутэкъым, зауэлIхэр зэрихъу­мэным хущIэкъу зэпытт. Абы папщIэ командованэм фIыщIэ къыхуащIырт. Бий ерум дызэ­рытекIуэнум зы дакъикъи шэч къытрихьэртэкъым. И Iыхьлы­хэм къахуитх письмохэм ар быдэу къыщыхигъэщырт. 
Зауэм и IэнатIэ куэдым лIыгъэм и щапхъэ къыщигъэлъэгъуащ зауэлI хахуэ Бэрау Къэ­ралбий. Абы къыпэкIуэу командованэм кърита фIыщIэ тхылъ­хэм ящыщ зым итт езы Къэ­ралбий къылъысу фашист зауэлIу 23-рэ офицеритIрэ зэ­риукIар. 
Абы иужьрей письмохэр и адэ-анэм къащыхуитхыжар 1945 гъэм щIышылэм и 21-рщ. Абы итт Вагъуэ Плъыжь орден къызэрыратар, зи чэзу званием зэрыпэплъэр, Германием и щIы­налъэм зэрихьар, зэрып­хъуакIуэхэм я гъуэм гъунэгъу зэрахуэхъуар, зауэр иухыным куэд къызэрымынэжар.
ТекIуэныгъэм и махуэм IущIэну Къэралбий къыхуиухатэкъым - лIыгъэм и щапхъэ къигъэлъагъуэу, ебгъэрыкIуэныгъэхэм ящыщ зым щыхэкIуэдащ. Зи псэр зыта щIалэм Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ. 
Бэрау Къэралбий хьэтуейдэсхэм ящыгъупщакъым - 1965 гъэ лъандэрэ къуажэм и зы уэрамым абы и цIэр зэрехьэ. 

Аслъэнджэрий

Бэрау Аслъэнджэрий Хьэ­туейм и щIалэщIэ нэхъ жанхэм ящыщт. Къуажэ школым фIыуэ щеджат, Къэбэрдей-Балъкъэр педрабфакыр къиухат, къигъэ­зэжа нэужь, зыщIэса еджапIэм и комсомол организацэм и секретару хахати, жэрдэм узын­шэхэр къыбгъэдэкIырт, Iуэху щхьэпэхэм я зэхэублакIуэт. 
Егъэджэныгъэри жылагъуэ лэжьыгъэри зэщIигъэхьэу, уна­фэщIхэри нэхъыжьхэри къы­хуэарэзыуэ, гъащIэм хэбакъуэ къудейуэ, фашист зэрыпхъуа­кIуэхэм къыдащIылIа зауэм и мурадхэр къызэпиудащ. Езыр щIалэ дыдэрэ щхьэгъуси къимышауэ, гъащIэм гу зэрыщихуа щIагъуи щымыIэу, 1941 гъэм дзэм ираджащ. Зауэ хуэIу­хуэщIэхэм хурагъаджэри, офицер хъуауэ фронтым ар яшащ. 
Аслъэнджэрий жэуаплыныгъэ зыпылъ пщэрылъхэр къыщащIырт, и командирхэм дзыхь къыхуащIырт, езыми ар игъэ­пэжырт, и ныбжьэгъухэм закъыкIэригъэхуртэкъым, нэхъ па­шэхэм щапхъэ ятрихырт, и командирхэм я щытхъу къихьырт, и зэфIэкIми, и зэхэщIыкIми зэпымыууэ хигъахъуэрт. 
Къитх тхыгъэ мащIэхэм щыжиIэрт пэжыр зэрытекIуэнур, зэрыпхъуакIуэхэм ерыщу зэрапэщIэтыр, зыхэт частым и зауэлIхэр зэрызэкъуэтым къару къызэрыхилъхьэр, ди щхьэхуитыныгъэм папщIэ и псэр итыну зэрыхьэзырыр. ИкIи и псалъэ­хэр игъэпэжащ, къызыхэкIа лъэпкъым и пщIэмрэ нэмы­сымрэ хуэфащэу фронтым Iутащ.
Аслъэнджэрий и иужьрей письмор и Iыхьлыхэм къащы­Iэрыхьар 1943 гъэм шыщхьэу­Iум и 8-рщ. Абы къитхырт: «Нэмыцэ фашист зэрыпхъуа­кIуэхэр къызэмыплъэкIыу Хэкум идохуж, Харьков къалэм дынэсащ, адэкIэ дызэрыкIуэ­тэнум дыхуопащIэ. Фымыгузавэ, псори тэмэм хъунщ, си тхыгъэм фыпэплъэ». Бэраухэ мыгувэу гуауэшхуэ къалъэIэсащ - Харьков хуит къыщащIыжым Аслъэнджэрий хэкIуэдащ. Зауэ гущIэгъуншэм ди анэшым яIэщIихащ унагъуэ зыухуэну хунэмыса, зи насып къэкIуэгъуэ щIалэ хахуэр. 
Илъэс 77-рэ хъуащ ТекIуэныгъэшхуэкIэ зауэ хьэлъэр зэ­риухрэ. Ар къэблэгъэным щхьэ­мыгъазэу щIэзэуа ди адэжь­хэм, шынэхъыжьхэм зэрахьа лIыгъэмрэ къагъэлъэгъуа ха­хуагъэмрэщ нобэрей мамыр гъащIэр къытхуэзыхьар. Хэкум къыщхьэщыжынымкIэ, ар хъу­мэнымкIэ къытщIэхъуэ щIэб­лэм я дежкIэ щапхъэщ ахэр. 
 

БЭРАУ Хьэсэн, Хьэтуей къуажэ, илъэс 97-м итщ.
Поделиться: