Гъунапкъэ зимыIэ лъэмыж

XIX лIэщIыгъуэр щиух илъэс­хэм хиубыдэу, нэхъ пыухыкIауэ жытIэмэ, 1895 гъэм, щIэмкIэ накъыгъэм и 7-м, Санкт-Петербург дэт технологие университетым и егъэджакIуэ, инженер Попов Александр а лъэхъэнэм ху­зэ­фIэкIар дуней псом и къэхъу­гъэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. И IэдакъэщIэкIым теухуауэ абы мыпхуэдэу жиIэгъащ: «То­к­ым и къарур къэбгъэсэ­бэпурэ, мы Iэмэпсымэр адэ­кIи ебгъэфIакIуэмэ, сыт хуэдэ макъри дэнэ щIыпIэкIи щыбгъэIуфынущ».
 
Попов Александр жиIар зэ­ры­пэжыр наIуэ къэхъуу хуе­жьащ ХХ лIэщIыгъуэм и пэхэм. А къэхутэныгъэр ­щIэ­­дзапIэ хуэхъуащ иужькIэ лъэ быдэкIэ цIыхубэм я гъащIэм къыхыхьа связымрэ ­ра­диомрэ. Зэпэ­жыжьэ щIыналъэхэм щып­сэухэр, я пIэ имы­кIыу, зэпсэ­лъэф, ЩIы ­Хъурейм, къэралым щекIуэкI­хэм ятеухуа хъыбархэр зэхах хъуащ.
Коммуникацэм, нэгъуэщIу жытIэмэ, цIыхухэм, къэралхэм, континентхэм я зэпыщIэныгъэм ехьэлIа зы къэхутэныгъи щыIакъым икIи щыIэкъым радиом и Iэмалхэм лъэныкъуэ гуэркIэ пымыщIауэ. Къатщтэ­мэ, хьэршым цIыхухэр лъэ­тэфынтэкъым, абы епха Iуэхугъуэ куэдыкIейхэри яхуэгъэзэ­щIэнтэкъым радиом и къэгъэсэбэпыкIэр я Iэпэгъуу щымытамэ.

Поделиться:

Читать также:

24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ