Курп Ищхъэрэм и тхыдэм теухуауэТхылъыщIэ «Терек» газетым и редактор нэхъыщхьэ Беслъэней Владимир и Iэдакъэ къыщIэкIа «Нижний Курп. Селение князей Ахловых. Страницы истории» къыдэкIыгъуэ гъэщIэгъуэныр иджыблагъэ дунейм къыщытехьащ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм. - Тхылъым и фIэщыгъэцIэм къыбгурегъаIуэ ар зытеухуар - Курп Ищхъэрэр къызэрыунэхуам, ар зэрызэфIэувам, абы зэрызиужьам и тхыдэр щызэхуэхьэсыжащ. А жылэм ехьэлIа тхыгъэхэм япэу ущрохьэлIэ Къэбэрдеишхуэмрэ Джылахъстэнеймрэ хыхьэ щIыпIэхэу Чичагов Степан къигъэлъэгъуахэм икIи 1744 гъэм Къэбэрдей картэм къыщихьахэм. А щIыпIэм зэреджэу картэм къыщигъэлъэгъуар Сунжэ псыежэхым и ижьырабгъумкIэ щыс «Кургъуокъуэ жылэущ». Абы щыпсэуащ къуажэр къызэзыгъэпэща пщы Къанщауэ, Ахъло унэцIэр къызытехъукIар. 1810 гъэм Ахълоипщым и къуажэр Курп псыежэхым и Iуфэм Iэпхъуащ икIи совет зэманым а жылэм Курп ИщхъэрэкIэ еджэ хъуащ, - жеIэ тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыщхьэ Котляров Виктор.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 18:00 →
Мошенники звонят от имени Центробанка. Как их вычислить?
17.04.2024 - 12:53 →
Урысеймрэ ислъам дунеймрэ
17.04.2024 - 12:48 →
Илъэс 90 гъуэгуанэ
17.04.2024 - 12:45 →
Жыджэру зызыужь IэнатIэ
17.04.2024 - 12:41 →
Спортсменхэр ягъэлъапIэ
|