АдыгэлI щыпкъэ

«КъигъэщIар мащIэми, хузэфIэкIар гъунэншэщ» зыхужыпIэ хъунухэм ящыщщ профессор Гъащтэ Абдул. И лэжьыгъэкIэ, и щIэныгъэкIэ къехъулIам и гугъу умыщIми, и цIыху хэтыкIэкIэ, и хьэл-щэн екIумкIэ, и гушыIэ дахэмкIэ ар иджыри куэдрэ ягу илъынущ къэзыцIыхуу щытахэм. Абы теухуа гукъэкIыжхэм ущедаIуэкIэ, апхуэдэ цIыху телъыджэр зи гъащIэм хэтахэм уохъуапсэ икIи фIэщ пщохъу «ЦIыхуфIыр гъащIэмащIэщ» псалъэхэм пэж зэрыхэлъыр.

Гъащтэ Абдул ХьэмотI и къуэр Аруан щIыналъэм хыхьэ Дохъушыкъуей къуажэм 1935 гъэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, ар щIэтIысхьащ Дагъыстэн къэрал медицинэ институтым. Ар фIы дыдэу къиухри, и лъахэм къигъэзэжащ икIи Iуащхьэмахуэ щ1ыналъэ сымаджэщым хирургыу лэжьэн щыщIидзащ дохутыр нэхъыщхьэм и къуэдзэу. Абы илъэсиплIкIэ щылэжьауэ, Гъащтэр Налшык дэт Республикэ клиникэ сымаджэщым  къашэжащ. 1966 гъэм Абдул щIэтIысхьащ Бакулев А. Н. и цIэр зэрихьэу гум, лъынтхуэхэм я хирургием и институту Москва дэтым и аспирантурэм. А еджапIэм 1969 гъэм и кандидат, 1980 гъэм и доктор диссертацэхэр щыпхигъэкIащ.

1969 гъэм щегъэжьауэ Гъащтэ Абдул щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым хирургие узыфэхэмкIэ и кафедрэм - ассистенту щIидзэри, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, кафедрэм и унафэщI хъуауэ. Гъащтэм и Iэдакъэм къыщIэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу 152-рэ, «Щхьэ лъынтхуэхэм лъыр тэмэму щыземыкIуэмэ, хирургием и Iэмалхэр къэбгъэсэбэпу абы узэреIэзэнур» зыфIища монографиер итхащ. Абдул Къэбэрдей-Балъкъэрым япэу щызэтриублащ ангиографиекIэ лъынтхуэ узыфэхэр къэхутэныр. Абы и фIыгъэкIэ ди лъахэм къыщыщIагъэкI хъуащ лъыр зыгъапцIэ сывороткэр; нэхъапэхэм хуэдэу, ар нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщамыщэхуу.

Дохутыр IэщIагъэр къыхэзыхахэр егъэджэнымкIи Абдул зэфIигъэкIахэр къэлъытэгъуейщ. Нобэ абы и гъэсэнхэм ящыщ куэдым зыпэрыт IэнатIэм ехъулIэныгъэхэр щаIэу я егъэджакIуэм хиша гъуэгуанэм ирокIуэ. Студентхэм фIыуэ къалъагъурт Гъащтэр, и лэжьэгъухэм я деж пщIэ щиIэт. НэгъуэщIуи ухущытыфынутэкъым а цIыху щыпкъэм. Иригъаджэхэр абы зыщигъэшынэртэкъым, дэтхэнэми гуапэу хущытт, студентым бгъэдэлъ щIэныгъэр гупсэхуу къихутэрт, зыгуэр къагурымыIуамэ, ар зэхэхауэ я пащхьэ ирилъхьэжырт. И лэжьэгъухэрати, псоми я чэнджэщэгъут, дэтхэнэми  дэIэпыкъурт, езым ищI операцэ хьэлъэхэм кIэлъигъэплъурэ, абыхэм щIэ куэд къаригъащIэрт, сытым дежи и щIэныгъэм, Iэзагъэм хигъахъуэу апхуэдэти, абыхэмкIи ядэгуашэрт. Абы и фIыгъэкIэ медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат, доктор хъуахэр куэдщ. Ящыгъупщакъым и лэжьэгъуу щытахэми и гъэсэнхэми профессор гуащIафIэр. Абы и щыхьэтщ гу-лъынтхуэ хирургиемкIэ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор япэ дыдэу ди республикэм щыхъуа Гъащтэм и фэеплъу щIэныгъэ-практикэ конференцхэр илъэс зэхуэмыдэхэм зэрырагъэкIуэкIар.

Сымаджэхэми езым и бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къахуигъуэтыжырт а цIыху телъыджэм. Псом япэрауэ, узым зэщIиубыда цIыхум фIэщхъуныгъэ иритыжырт, сытым дежи нэхъыфIым хуэплъэу, гъащIэр фIыуэ ялъагъуу зэрыщытыным къыхуриджэрт.

Медицинэр IэщIагъэу къыхихами, нэгъуэщI унэтIыныгъэ куэдми Гъащтэ Абдул хъарзынэу хищIыкIырт. Ар фIы дыдэу щыгъуазэт математикэм, тхыдэм, литературэм. Сыт хуэдэ Iуэху утемыпсэлъыхьми, уэршэрэгъу гъэщIэгъуэн къыпхуэхъуфынут. Егъэлеяуэ гурыхуэт. Абы гукIэ ищIэрт Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Некрасов Николай, Есенин Сергей, ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим  сымэ, нэгъуэщI куэдми я усэхэр, я тхыгъэхэм щыщ пычыгъуэхэр.

Гъащтэ Абдул и ныбжьэгъухэм ягу къинащ гушыIэ дахэ зыхэлъ, хъыбар жыIэжынкIэ зихуэдэ щымыIэ цIыху нэжэгужэу. «Ар сытым дежи и псалъэм тебгъуэтэжырт. И ныбжьэгъухэм къызэрытхущытыр щIэныгъэлIым хуэдэутэкъым, атIэ цIыху къызэрыгуэкIыут. Iуэху гуэркIэ абы убгъэдыхьауэ зэи укъигъэщIэхъунутэкъым, уи гузэвэгъуэми уи гуфIэгъуэми къыпкъуэувэу апхуэдэт. ЖыпIэнурамэ, цIыхугъэшхуэ хэлът», - жаIэ абыхэм.

И унагъуэм, благъэ-Iыхьлыхэм я дежкIэ ар жьауэшхуэт. «Сыт хуэдэ гугъуехь къытлъыкъуэмыкIами, абы хэкIыпIэ гуэр къызыхуимыгъуэтыф щыIэтэкъым. Дэтхэнэми гуапэу, гущIэгъулыуэ хущытт», - апхуэдэущ ягу къызэринар адыгэлI щыпкъэр.

Унагъуэ дахи иIэт Абдул. И щхьэгъусэ Александрэрэ абырэ зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ зэдапIащ. Я къуэ Аслъэн адэм и лъагъуэм ирикIуэжащ, и IэщIагъэкIэ дохутырщ, япхъу Аурикэ Кавказ Ищхъэрэм Къэрал статистикэмкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и унафэщIщ.

Iыхьлыхэм, благъэхэм, ныбжьэгъухэм, иригъэджахэм, къыдэлэжьахэм зыхалъхьэ щымыIэу фIыуэ ялъэгъуа цIыхур, шэч хэмылъу, гуимыхужщ.

 

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу