Зи фащэр зи гъэсэнхэм я щапхъэ

Зызыхъуэж зэпыту екIуэкI гъащIэм псэемыблэжу хэлэжьыхь, жэщ-махуэ имыIэу цIыхупсэм и хъумакIуэу щыт, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм я лъахэм курых хуэхъу лэжьакIуэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжыр къыдэкIуэтей щIэблэр узыншэу, акъыл жан яIэу, гъэсауэ, пкъыфIэу дунейм тетынырщ. Мы гупсысэр зи Iуэху зехьэкIэкIэ къэзыгъэнахуэ цIыхубзщ Маршэн-Куржы Агнессэ.

Агнессэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зэрихьэу Бахъсэн къалэ дэт етIуанэ курыт школым и лэжьакIуэщ, гъэсакIуэщ, абы кадетхэр щагъэхьэзыр и къудамэм и егъэджакIуэ нэхъыфIщ. КъыжыIапхъэщ Агнессэ илъэс 22-рэ хъуауэ а еджапIэм зэрыщылажьэр. А IуэхущIапIэр 200I гъэ лъандэрэ зи етIуанэ унэу къэзылъытэ егъэджакIуэр и лэжьыгъэм щытепсэлъыхькIэ, и псалъэхэр шэщIауэ щытщ. И гъэсэнхэм я гугъу щищIкIэ, псалъэхэр зэрылъэлъ къудейкъым, атIэ и нэхэм хъуаскIэ къыщIихыу къыпфIощI. Сабийхэр фIыуэ зымылъагъу цIыхум мы Iуэхугъуэр дэплъагъункIэ Iэмал зимыIэщ. 
ПэщIэдзэ классхэм щылажьэ Агнессэ и напщIэ телъщ и гъэсэнхэр. Дэтхэнэми и нэIэ тригъэтщ, псоми зэхуэдэу гулъытэ яхуещI, щIэныгъэ ябгъэделъхьэ. Зэпыу имыIэу езыри и еджакIуэхэри зэпеуэхэм, махуэшхуэхэм щыболъагъу. ЗэфIэкIыу яIэр, щIэныгъэу ябгъэдэлъыр къэзыгъэлъагъуэ а ныбжьыщIэхэм бжьыпэр куэдрэ яубыд. ЦIыкIухэм бгъэдыхьэкIэ къахуегъуэт Агнессэ, дэтхэнэми гуапэу хущытщ. Унэ лэжьыгъэхэр тэмэму, пэжу зыщIыжам дамыгъэфIым дэщIыгъуу Iэ яделъэ, ахэр зыгуэркIэ зымыгъэзэщIа яхэтмэ, къызыгурымыIуа щыIэмэ, нэхъ лейуэ ябыхэм йоплъ, ядоIэпыкъу. 
ЗэхэщIыкI зыбгъэдэлъ цIыхуу зэрыщытыр, лэжьыгъэм фIыуэ зэрыхищIыкIыр къалъытэри, Маршэн-Куржыр еджапIэм и унафэщIым и къуэдзэ ящIащ. 
Куэдрэ си нэгу къыщIоувэ Агнессэ япэу щыслъэгъуа зэманыр. И гъэсэнхэр республикэ зэпеуэм къэзыша егъэджакIуэр абыхэм апхуэдизкIэ ятегужьеикIат, ятеубгъуати, зэуэ зэзгъэщхьар зи шырхэр зи дамэ щIагъым щызыгъэхуабэ бзуущхъуэщ. И нэIэм щIэтхэм ящыщу хэт сыт хуэдэ пэшым щIэсми щыгъуазэт, хэт сыт зэманми утыку ихьэу и зэфIэкI щигъэлъэгъуэнуми ищIэххэт: зым щыгъупщэжа псалъэхэр къригъэщIэжырт, етIуанэм и фащэр хузэригъэзахуэрт, ещанэр игъашхэрт… 
Мис абдежщ Агнессэ къыщысцIыхуар. КъэсцIыхуащ икIи сыхущIегъуэжакъым, сыту жыпIэмэ абы гушхуэрэ псэ къабзэрэ бгъэдэлъщ, гулъытэкIэ бейщ, щIэныгъэ кууи иIэщ. Маршэн-Куржым хъуэпсэпIэу иIэми сыщигъэгъуэзащ. Ар хуейщ щIэблэ узыншэ лъэпкъым къыщIэхъуэну, ныбжьыщIэхэм щIэныгъэфI ябгъэдэлъу къэтэджыну, гъэсауэ щытыну. КъинэмыщIауэ, Агнессэ унагъуэ дахэщ: щхьэгъусэрэ бынитIрэ иIэщ, зи жьэгур хуабагъэкIэ зыгъэнщIыф цIыхущ.
 Апхуэдэу екIуу и къалэнхэр зэфIех Агнессэ: къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр еджакIуэхэм ядэщIыгъуу ирегъэкIуэкI, еджапIэм и пщIэр къэIэтыным хущIокъу, щIэныгъэм и гъуэгум пкъыфIэу еджакIуэхэр тешэным йолIалIэ. Зи Iуэху зехьэкIэкIэ щапхъэу къалъытэ егъэджакIуэщ ар. 
Гъэ еджэгъуэр узыншэу къезыхьэлIа лэжьакIуэ гуащIафIэу зи фащэр зи гъэсэнхэм я щапхъэм, щIэблэм щIэныгъэ мыкIуэщIкIэ хуэтыгъэм ехъулIэныгъэщIэхэр иIэну ди гуапэщ. 
 

 

МАХУЭЛI Беслъэн.
Поделиться: