БжыгъэкIэ куэд мыхъуми

АДЫГЭХЭР лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Абыхэм я тхыдэр апхуэдизкIэ жыжьэ зоIэбэкIыжри, адыгэхэм я блэкIам елъытауэ, дэтхэнэ зыми зи гугъу ящIхэр дыгъуасэрей хъыбарщ.
Адыгэхэр нэгъуэщI телъыджэ гуэркIи псоми къахощ: ахэр зэрыпхъуакIуэм и унафэ зэи щIэтакъым.
ИкIуэтащ, къуакIэ-бгыкIэхэм зыщагъэпщкIуащ, къаруушхуэкIэ ираудыхащ, ауэ къатегуплIахэм я хабзэхэм фIэлIыкIа мыхъумэ, зызыхуагъэщхъа къару щыIэкъым. Дызэрыт лъэхъэнэми ахэр я хабзэ зэрахьэжу, я нэхъыжьхэм я унафэ щIэту мэпсэу. Мы лъэпкъыр гъэщIэгъуэн зыщI Iуэхущ мыри: щIы хъурейм тет дэтхэнэ лъэпкъри и тхыдэ жыжьэм зэбгъэплъэкIыжмэ, адыгэхэм я закъуэщ щхьэхуиту зэрыщытам щыхьэт техъуэфу къахэкIынур.
БжыгъэкIэ куэд мыхъухэми, я щIыналъэм апхуэдизкIэ купщIэшхуэ ехъумэри, пасэрей цивилизацэхэм а лъэпкъыр фIы дыдэу щацIыху. Адыгэхэм я гугъу ящI Геродот, Флакк, Помпоний, Страбон, Плутарх сымэ хуэдэ тхакIуэ щэджащэхэм.
Илъэс минитIрэ щищым щIигъуауэ дунейм нэхъ лъэрызехьэу ­тета тепщэхэм щахъумэфа хуитыныгъэм и лIыхъужь пшыналъэщ абыхэм я IуэрыIуатэр, таурыхъхэр, хъыбарыжьхэр.

«Глиссон и сурэт журнал», Лондон. 1854 гъэ
Поделиться: