Лъэпкъыр къызэфIэщIакъым

Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 158-рэ ирикъуащ. Ар тхыдэм къыхэнащ лъыгъажэ мыухыжкIэ гъэнщIа къэхъугъэ бзаджэу. ИлъэсищэкIэ екIуэкIа зауэр зэрыувыIэрэ куэд щIами, абы лъэпкъым къридза уIэгъэр нобэр ­къы­здэсым кIыжакъым. А гуIэгъуэшхуэм уздегупсыс ­къудейм уегъэтхытх, цIыху хейхэм къраха леймрэ гущIэгъуншагъэмрэ пхузэгъэзахуэркъым.

Кавказ зауэр адыгэхэм я дежкIэ лъапсэрыхыу къы­щIэкIащ: лъэпкъым и Iыхьэ пщIанэращ и адэжь лъахэм ­къинар, адрейхэр хэкIуэдащ, мэжэщIалIагъэм, щIыIэм, узым ихьащ, къэна ­мащIэ дыдэр дуней псом трипхъащ. ХамэщI къыщыхута ди лъэпкъэгъухэми я щхьэ кърикIуари щIагъуэкъым: я бзэкIэ псэлъэнуи я       хабзэ зэрахьэнуи зыри хуитакъым, Уэсмэн пащ­тыхьыгъуэм  иригъэкIуэкI зауэ кIэншэхэм егъэзыгъэкIэ Iуигъэхьэрт, я лъэр щIиудырт.
Апхуэдиз нэщIэбжьэр ады­гэ­хэм я нэгу щIэкIа пэми, къы­зэфIэщIакъым, гужьгъэжь зыми яхуищIакъым, къэзыухъу­реихь лъэпкъхэм ягурыIуэу ядопсэу икIи ядогъуэгурыкIуэ. И гъащIэр Урысейм ирипха нэужьи, адыгэхэр къыхаха ­гъуэгум хущIегъуэжакъым, хуэ­пэжащ. Зэманым къигъэлъэ­гъуащ лъэпкъыр гъуэгу захуэ зэрытеувар: адыгэхэм яхузэ­фIэкIащ я хэкур яхъумэжын, я бзэмрэ щэнхабзэмрэ къы­зэтранэн, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа Адыгэ Хабзэр хамыгъэкIуэдэжын.
Адыгэхэр жыджэру хэтщ къэрал ухуэныгъэм, абыхэм ­къахэкIащ щIэныгъэлIхэр, политикэ, щэнхабзэ, гъуазджэ икIи жылагъуэ лэжьакIуэ цIэ­рыIуэхэр, дзэзешэхэр, IэщIа­гъэлI­хэр. ХамэщIым икъухьауэ щыпсэу адыгэхэри зыхэтхэм къахощ яхэлъ щэнхабзэ лъагэм­кIэ, кърагъэз дзыхьыр зэ­рахъумэмкIэ, зыщыпсэу хэгъэгум зэрыхуэпэжымкIэ. Абы­хэм сыт щыгъуи IэнатIэ лъагэхэр къыхуагъэфащэ, къэрал къу­лыкъущIапIэхэм, дзэмрэ хаб­­зэхъумэ IуэхущIапIэхэм я ­тету трагъэувэ.
ПщIэ зыхуэсщI ди лъэп­къэгъу лъапIэхэ!
Дэ дыщыгъуазэщ Кавказ ­зауэм хьэзабрэ гугъуехьхэм­рэ лъэпкъ куэдым къазэрыхуихьар, лъыгъажэрэ банэкIэ зэ­риу­ды­ныщIар. А насыпын­шагъэ къом­ри лъэIэсащ урыс лъэпкъми.
Дэ игъащIэкIэ тщыгъупщэнукъым щалъхуа лъахэм и щхьэ­хуитыныгъэм щIэзэууэ зи щхьэр зауаем хэзылъхьа ди ­нэхъыжьыфIхэр, дигу ихунукъым Кавказ зауэм хэкIуэда дэтхэнэри, тхъумэнущ я фэ­еплъ нэхур. Дэ ди къалэнщ ­ди адэжьхэм я щхьэ кърикIуа ­гуауэм и пэжыр ди щIэблэм ­ялъэдгъэIэсыну, апхуэдэ гузэ­вэгъуэ къэмыхъужын папщIэ абы и дерсхэм щIэтпIыкIыну.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ноби къыкъуокI лъэпкъхэр зэзыуш­тыну хущIэкъу къарухэр, зэгу­рымыIуэныгъэхэр къызэрыкI псалъэ мыфэмыцхэр зезы­хьэхэр. Кавказ зауэм къыдит дерсхэм ящыщщ тэмакъкIы­хьыгъэ, шыIэныгъэ тхэлъу унафэ зэпэшэчахэр къэтщтэн, дунейм къыщекIуэкI Iуэху­гъуэхэр ди лъэпкъым къы­зэ­рылъэIэсынур зэпэтлъытэу зэ­рыхуейр. Лъэпкъ зэгурыIуэр щхьэузыхь зыхуэпщI хъун щхьэу­сыгъуэ зыри щыIэн хуейкъым - узэгурыIуэныр, мамыр гъащIэм зэгъусэу утелэжьэ-ныр, зыр адрейм и щIэгъэкъуэну сыт хуэдэ гугъуехьми пэщIэ­тыныр дэтхэнэ зы цIыхуми и пщэрылъ лъапIэу щытын икIи къилъытэжын хуейщ.
Аращ Урысей Федерацэми Къэбэрдей-Балъкъэрми я уна­фэщIхэм къэралми щIына­лъэми щыпсэу лъэпкъхэм я бзэр, я щэнхабзэр, я дуней ­тетыкIэр хъумэнымкIэ ялъэкI къыщIамыгъанэр, хамэ щIы-пIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм щIэгъэкъуэн щIахуэхъур. Урысейр шэсыпIэ йоувэ къыдэ­гъуэгурыкIуэ псэкупсэ къэгъэщIыгъэ псоми я къыщ­хьэ­щыжакIуэу щытыну, дэтхэнэ лъэпкъ­ми зихъумэжын икIи зиу­жьын щхьэкIэ.
БлэкIар зыщыдгъэгъупщэ ­хъунукъым, тхыдэм дерс ­къы­хэт­хкIэрэщ ди къэкIуэнур ­убзыхуа зыщIынур. Дэтхэнэ ­        зыри къыхузоджэ блэкIам ­къы­т­­­хуихьа гуныкъуэгъуэр зы­щыдмыгъэгъупщэу нобэ къы­дэкIуэтей щIалэгъуалэр лъэп­къым хуэпэжу дгъэсэну.
Лъэпкъым апхуэдэ гузэвэ­гъуэ Тхьэм зэи димыгъэлъагъу!

 

 

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.
Поделиться: