ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ

Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ тхакIуэ цIэрыIуэ, Куржым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и урыс къудамэм и тхьэмадэу илъэс куэдкIэ лэжьа, псори фIы дыдэу дызыщыгъуазэ «Уафэгъуа­гъуэ макъ» («Громовый гул») повес­тымрэ «Поиски Богов» (зэкIэ адыгэбзэкIэ зэрадзэкIакъым) тхы­дэ романымрэ зи къалэмыпэм къыщIэкIа Лохвицкий (Аджыкъу-Джэрий) Михаилрэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщ­хьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ зэрыцIыхуу, зэныбжьэгъуу, щIэх-щIэхыурэ зэIущIэу щытащ.

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием епха Шэрджэс щIэнгъуазэм ­ДАХ-м, КъАХ-м я дамэм щIэту Хьэ­фIыцIэ Мухьэмэд къыдигъэкI «Черкесика» тхылъ серифем и етIуанэр зыхухихар зи гугъу тщIа тхыгъэхэрщ. 1985 гъэм «Уафэгъуагъуэ макъым» ХьэфIыцIэм къытрищIыкIа пьесэмкIэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым спектакль щигъэуват режиссёр Фы­рэ Руслан. ЦIыхушхуэ къекIуэлIауэ и премье­рэр щыIат, езы Михаили къэ­кIуауэ. И гущIэр къы­зэ­щIи­Iэтауэ, гуапэ     лей щыхъуауэ ­еп­лъат ар спектаклым. Ди жагъуэ зэ­ры­хъунщи, абы и ужькIэ махуэ бжыгъэщ тхакIуэ ­гъуэзэджэр зэ­рып­сэужар.
«Адыгэ псалъэ» газетым теты­гъащ пьесэри, иужькIэ Къэрмокъуэ Хьэмид адыгэбзэм къригъэтIэса «Уафэгъуагъуэ макъ» повестри. Иджыпсту Къэбэрдей Адыгэ Хасэм тхылъитI егъэхьэзыр, тхакIуэр къы­зэралъхурэ илъэси 100 щрикъум триухуауэ. Япэр Котляров Виктор къыдигъэкI «Кавказ» серием хэту 2019 гъэм дунейм къытехьэнущ, зи гугъу тщIы повестри романри уры­сыбзэкIэ итынущ. ИщхьэкIэ къы­щыхэдгъэща «Черкесика» серием и къудамэ яухуащ тхылъхэр нэхъ зэщIэкъуауэ, нэхъ цIыкIуу къыщыдагъэкIыну. Абы хыхьэну лэжьыгъэхэм я япэщ Къэрмокъуэм зэри­дзэкIа «Уафэгъуагъуэ макъ» повестыр.
Ди гуапэ зэрыхъунщи, Аджыкъу-Джэрийхэ къуэпсыбэщ, Михаил и гуа­щIэм, и гъащIэм гулъытэ хуэ­зыщIын щIэблэ къыщIэхъуащ. Абы и къуэ Юрэ Москва щопсэу, и адэм   и лъагъуэм иримыкIуами, абы ху­зэ­фIэкIам хуэфащэ пщIэ иригъэ­гъуэту. Псалъэм папщIэ, Москва и «Иссолог» тхылъ тедзапIэм и бжыгъэр зы мин хъууэ къыщыдигъэкIащ и адэм и повестымрэ романымрэ зэрыт тхылъ дахэ. Апхуэдэуи «Громовый гул» тхыгъэ цIэрыIуэр куржыбзэкIэ зэригъэдзэкIри Тифлис дунейм къыщытригъэхьащ. Ар ды­дэм къыщыдэкIащ Лохвицкэм и «Кортанет Iуэтэжхэр» (куржыбзэкIэ).
Юрэ и къуэ Михаил (адэшхуэм и цIэр сабийм фIащыжурэ зыкъом щIауэ къызэрекIуэкIри гъэщIэ­гъуэнщ) и адэшхуэм и адэр щызэуа Будапешт къалэм илъэс куэд щIауэ щопсэу. Абы ипхъущ иджыблагъэ газетым и редакцэм къыIэрыхьа хъыбар гуапэр зэхьэлIар.
Лохвицкая (Аджыкъу-Джэрий) ­Аннэ мы гъэм хэтащ модэмкIэ дуней псом зэфIэкI нэхъ щызиIэхэм      я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэ зэхыхьэшхуэм. ТхьэмахуэкIэ зэхэта Iуэху иным и цIэр щыIуащ          Аджы­­къу-Джэрий Аннэ, и зэфIэ­кIым ехьэлIауэ хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIи, ар абы къыхэнэнущ.
Лохвицкий Михаил и къуэм и къуэ­рылъху бзылъхугъэ цIыкIум, зи ныбжьыр илъэс 22-рэ фIэкIа мыхъум, европей модельерхэм я гулъытэ ­къилэжьащ. Егъэлеяуэ гуапэ, кавказ, нэмыцэ къуэпсхэр зиIэ хъы­джэбзым Будапешт дэт британ колледжыр, Европэм и еджапIэ ­нэхъыжь дыдэхэм хабжэ Венэ университетым журналистикэмкIэ и факультетыр къиухащ. Иджыпсту щIэсщ Берлин ГъуазджэхэмкIэ и ­институтым и магистратурэм. Ар ­къиухмэ, фIыуэ илъагъу лэжьыгъэм - щыгъын гъэщIэгъуэнхэр къэгупсысынымрэ ахэр утыку къихьэнымрэ - къанэ щымыIэу зритыну и мурадщ.
- Зэ еплъыгъуэкIэ зэхэмыхьэу къып­щыхъур «зэхэспщэну», ахэр цIы­хум зэрекIур къэсхутэну сфIэфIщ. Принтымрэ (тхылъымпIэм, щэкIым тращIыхь тхыпхъэ­щIыпхъэ зэмыфэгъухэщ) плъыфэ щхъуэкIэплъыкIэхэмрэ фIыщэу солъагъу. Ауэ сэ сыщIэщыгъуэщIщ. Москва сыщыщыIэм и деж къыхэзгъэщхьэхукIыр зыщ, Будапешт - ар щынэгъуэщIщ, Венэ - абыхэм емыщхь гуэрщ. АбыкIэ «къуаншэщ» къалэм и ухуэкIэр, и псэукIэр, и плъыфэхэр, дэс цIыхухэм я гукъы­дэжыр, нэгъуэщIхэри. Ауэ зызымыхъуэжыр зы еплъыкIэращ: модэр    си гурылъхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ, псэу­кIэмрэ цIыху хэтыкIэмрэ къы­зэрызгъэлъагъуэ Iуэхугъуэщ. Ар къэзгупсыс щыгъыныгъуэхэрауи щрет, щыстIагъэхэрауи ирехъуи. Модэм зэманыр, гукъыдэжыр, щIы­пIэр, гъащIэм и зы теуэгъуэ гуэр ­къигъэлъэгъуэну Iэмал иIэщ.
Минимализм жыхуэтIэмрэ авангардизмэмрэ я зэхуаку дэт жыпхъэщ Аннэ и IэдакъэщIэкIхэр зэ­рытыр. Ахэр щыплъагъукIэ гу лъу­мытэнкIэ Iэмал иIэкъым зэ­рып­сынщIэм, тыншым, зыхуейр наIуэу зыщIэ дизайнерым и IэрыкIыу зэрыщытым, лъагъуныгъэм и мэ ­гуакIуэ «къазэрыкIэрихым». «ЕкIуу ущытыным къикIыркъым нэм укъыщIэуэн хуейуэ - ар гум укъи­нэнырщ» - дуней псом фIыуэ щацIыху Армани Джординэ мы и псалъэхэр бзылъхугъэм эпиграф зы­хуищIыжами ярейщ.

 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: