Адыгэ щэнхабзэм и тхьэмадэ

У-адыгэм, уемызэшу,
ЖыIэ и цIэр Зырамыку,
Езыр псэкIэ хуэлэжьащи
КъимыкIуэту ар ди Хэку.

Фашистышэм къезымыкуу
КъэкIуэжауэ Зырамыку,
Зыми зыкIи зырамыкум
Езыкуфу Зырамыку.

IуэрыIуатэ пхъуантэдэлъхэр
ЗэIубз зыщIу КъардэнгъущI,
Адыгэлъэ здынэсахэм,
Нэсыфауэ КъардэнгъущI.

Уэрэдыжьхэм псэщIэ хилъхьэу
ЖызыIэжу КъардэнгъущI,
Гуащэгъагъхэм жаIа гъыбзэр
Зыгъэжьгъыжьгъыу КъардэнгъущI.

Хъуэжэ «щIыгъуу» къикIухьыфу
ЛIы Iущ щыпкъэу КъардэнгъущI,
Зи лэжьыгъэм ин ищIауэ
ЛIы цIыкIу щхьэшхуэу КъардэнгъущI.

Зи гушыIэр япэ иту,
Гуп и уасэу КъардэнгъущI,
Жыг гъэкIыным хуэIэижьу
Гъуазэ пэжу КъардэнгъущI.

Уэрэдыжьхэр къыдихыжу
Тыгъэ зыщIу КъардэнгъущI,
Шэрджэс лъэпкъхэм я щэнхабзэм
И тхьэмадэу КъардэнгъущI.

Хабзэ-бзыпхъэр зэзыпхъэкIыу
КъардэнгъущIхэ Зырамыку,
Хэкум фIыгъуэу къытхуэпщIахэр
Дапщэщ, сыткIэ пхуэтщIэжын?!

ЖЫЛАУ Нурбий. Зеикъуэ къуажэ
Поделиться:

Читать также:

23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ