«Къафэ, Кавказ!»

Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым  щекIуэ­кIащ «Къафэ, Кавказ» япэ урысейпсо хореографие фестиваль-зэпеуэ.

Абы къеблэгъащ Урысейм и щIыналъэ зыбжанэм къикIа хьэщIэхэр. Iуэхум хэтащ а IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкIхэри дихьэха­гъа­щIэхэри,  апхуэдэу цIыху зыбжанэ хъу гупхэри.
Институтым и ректор Рахаев Анатолий зэрыжиIэмкIэ, мы зэпеуэр IэмалыфIщ ­къафэм дихьэхыу ди республикэм ис дэтхэнэми и зэфIэкIыр игъэлъэгъуэным и мызакъуэу, нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIауэ къеблэгъа къэфакIуэхэми я къарур зды­нэсым еплъыжынымкIэ, щIалэгъуа­лэр зэ­ры­цIыхунымкIэ, ныбжьэгъу зэхуэ­хъуным­кIэ, творческэ чэнджэщхэм щIэ­дэIунымкIэ.
 УнэтIыныгъэ зыбжанэу зэхэт зэпеуэм и къэпщытакIуэхэм яхэтащ ди къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм къикIа щIэныгъэлIхэр.

 

«Къафэ, Кавказ!»
Поделиться: