ТIур зэтехуащ

Тхыдэмрэ щIыуэпсымрэ къыщыхъуа зэщымыщхъуныгъэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщу тIум я къэкIуэкIэр зэтехуащ. Адыгэхэр КъухьэпIэ Кавказым щрагъэIэпхъукIым, абдежым щыIэ бгылъэ-мэзылъэхэм щIэса домбейхэри зэхэзехуэн ящIащ.
Тхыдэтх, археолог Башкиров Александр зэритхымкIэ, «а щIыпIэм псом хуэмыдэжу урысхэм куэдрэ щапэщIэтащ Щхьэгуащэрэ Лабэрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэ пхыплъыгъуейхэр зи хэщIапIэу къекIуэкIа абэзэхэхэмрэ абазэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ. ИхъуреягъкIэ зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIырт, топхэр щыгъуагъуэрт, гъуэгухэр щыпхашын папщIэ, зэрыпхъуакIуэхэм мэзхэр километр ныкъуэ и бгъуагъыу пхаупщIыкIырт.
Бийр зылъэмыIэсу а илъэсхэм (1862-1864 гъэхэм) а лъэныкъуэмкIэ къыщызэтенар Щхьэгуащэрэ Лабэрэ я тIуащIащхьэхэр арати, абдежым щызыхуэсыжын хуей хъуат бийм зыхуэзыгъэщхъыну хуэмей адыгэ-абазэ лъэпкъ зэрыбыным ящыщу къикIуэтахэр. Урысыдзэр къыщысым, бгырысхэр абыхэм адэкIэ еныкъуэкъуэжыфакъым – я нэхъыбэм, я щхьэр щIрагъэхьауэ, Тырку лъэныкъуэмкIэ ягъэзащ, къэна тIэкIур Псыжь Iуфэ ягъэIэпхъуащ. Домбейхэм ящыщу зэхэзехуэн ящIахэми нэхъ ищхьэжкIэ щыIэ мэз Iувыжьхэм зыщIагъэпщкIухьащ.
МэлкIапэ
Мы фIэщыгъэр зезыхьэ псы бгъунжу Щхьэгуащэ хэлъэдэжым и кIейм «домбейхэм я тэхъуанэ» цIэри теIукIат, псэущхьэ телъыджэу зи гугъу тщIыхэр а къуэм куэдыкIейуэ зэрыдэсам къыхэкIыу.
АтIэми, зоологхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, «Кавказ мэзкъуэды» зыфIащауэ мы зэманым абдежым щыIэ мэзгъэфIэным хухаха щIыгум и закъуэ, адыгэхэр а щIыпIэм щыпсэуа лъэхъэнэр къэтщтэнщи, домбейуэ минитIым нэблагъэ исащ. Къыщызэтенахэр революцэм ипэ ита зэманхэм яхъумэрт, Урысейм и пщышхуэхэр ещэкIуэн папщIэ. А Iуэхугъуэм а щIыпIэм къитIысхьа урысхэр иризэгуэпырт. Хабзэм ебэкъуэныр зи «фарз» щакIуэхэр (браконьерхэр) апхуэдизу бампIэрти, домбейхэр, я фэми, ялми зэрахуэныкъуэ щымыIэми, зэкъуэхуауэ къыщалъагъухэми, зэтраукIэрт, «мыхэр кIуэдыжмэ, адрей хьэкIэкхъуэкIэхэм драгъэщэкIуэнкъэ?» - жаIэрти.
Псыжь и щакIуэхэр
Псэущхьэ телъыджэм щымысхьыным хуэхамэтэкъым езы мэзкъуэдыр къэзыгъэунэхуахэри. А зэманым къыдэкIауэ щыта «Охотники Кубани» тхылъышхуэм щыплъагъунущ «зи щIыхьыр лъагэхэм» зытрырагъэхауэ щыта сурэтхэр. Абыхэм щыболъагъу а лIы «гъуэзэджэхэм» къаукIа псэущхьэхэм - къурш бжэнхэм, бланэхэм, щыхьхэм, домбейхэм ахэр зэрелъэпауэр, къызэрымыкIуэу «лIыгъэшхуэ» зэрызэрахьам и щыхьэту.
Дауи, къыхэгъэщыпхъэщ, пщышхуэ щакIуэкIэр зи IупэфIэгъу мэзхъумэхэм домбейхэм къащхьэщыжхэри зэрахэтар. АтIэми, апхуэдэу зэрыщытари зыгуэрхэмкIэ нэхъыфIыIуэт, иужьым къэунэхуа граждан зауэм къыдэгъуэгурыкIуа щхьэзыфIэфIагъэ иным елъытауэ.
Домбейхэр зэтраукIэрт щамыдэ щIыпIэхэм щыщакIуэхэми, мэзхэм зыщызыгъэпщкIу хъунщIакIуэхэми. ХъымыщкIей, Дахэ, Псыбей урыс станицэхэм дэса щакIуэхэм жаIэжу куэдрэ зэхэпхынут, а жылэхэм щыщу хэт сымэми домбейхэр куэдыкIейуэ зэтезукIар. ХьэщхьэрыIуэ щытыкIэм хуэкIуа фIэкIа умыщIэну, абыхэм зи гугъу тщIы псэущхьэ гъэщIэгъуэнхэр, зэпеуэу къаукIырт, лымрэ фэмрэ мэзым къыщIанэу. Апхуэдэу, Дахэ станицэм щыпсэуа щакIуэ «емылыджыр» домбей I8 зэрызэтриукIам иригушхуэрт. Абы «къыдэщIу», Псыбей дэса и лэжьэгъур домбей псэфу блы зэриукIам ириуэркъырт, «лIыгъэ» зэрызэрихьар игъэщыхьэту.
Граждан зауэр иухауэ, 1924 гъэм РСФСР-м и Совнаркомым и унафэкIэ къызэрагъэпэщауэ щытащ Кавказ къэрал мэзгъэфIэныр (мэзкъуэдыр). АрщхьэкIэ, игъащIэ лъандэрэ а лъэныкъуэмкIэ щыIэ бгылъэ щIыпIэхэр зи хэщIапIэу къекIуэкIа псэущхьэ лъапIэр икIи гъуэтыгъуей хъужар – домбейр - а лъэхъэнэм ирихьэлIэу кIуэдыжыпэным нэсат. АтIэми, илъэс бжыгъэ дэкIри, ар къэхъуащ. I927 гъэр - Кавказ КъухьэпIэр зи хэщIапIэу щыта домбей хъушэхэм ящыщу къэнэжа псэущхьищри щаукIыжа илъэсщ. Сыту жыпIэмэ, абы иужькIэ, мэзкъуэдым и лэжьакIуэхэми лъыхъуакIуэ ирагъэжьа гупхэми домбейхэм я лъэужь зы щIыпIи щалъагъужакъым.

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
Поделиться: