Кавказ зауэмрэ тхыдэм и дерсхэмрэ

 Мы гъэм илъэси 158-рэ мэхъу Кавказ зауэр зэриухрэ. Император Александр ЕтIуанэр Кавказым и тет пщышхуэ Михаил Николаевич къехъуэхъуауэ щытащ «лIэщIыгъуэрэ ныкъуэрэ и пэкIэ зэхаубла зауэр и кIэм нигъэсу КъухьэпIэ Кавказыр Урысейм и IэмыщIэ къызэрырилъхьам щхьэкIэ».
Кавказ зауэм Урысей къэралым насыпыншагъэ куэд къыхудэкIуащ. Бгырысхэм ялъ щагъэжа зауэщ ар, ахэр къазэун, дакъузэн папщIэ. Зауэм хисхьэпар адыгэхэмрэ абыхэм я лъахэмрэщ. Адыгэхэм къыкIэлъызэрахьа леймрэ залымыгъэмрэ щIауфэн мурадкIэ, урыс пащтыхьым и къулыкъу зехьэхэм зауэм и пэжыпIэр ябзыщI зэпытащ, псом хуэмыдэу абы кърикIуа мыгъуагъэхэр.
 ЛъэпкъкIуэд, хэкукъутэ хъуащ Кавказ зауэр адыгэхэм дежкIэ. Адыгэ минищэ Iэджэ хэкIуэдащ зауэм, я щхьэм и закъуэкъым зауэм халъхьар, я мылъкуи, я псэуалъи, я щэнхабзи хисхьащ абы, я зыужьыныгъэр зэтригъэувыIащ. Зауэм къелам я нэхъыбапIэм - цIыхуипщI къэс бгъум - хэкур ирагъэбгынащ. Дуней псом текъухьауэ, хэкур зрагъэбгына адыгэхэм я щIэблэр нобэ щопсэу Тыркум, Сирием, Иорданым, США-м, Израилым, Иракым, Мысырым, Ливием, Суданым, Германием, Франджым, Болгарием, ОАЭ-м, Канадэм, Австралием, Голландием, Инджылызым, нэгъуэщI къэрал куэдми.
 Iэщэр къызэмэщIэкI, топ зимыIэххэ адыгэхэм къезэуащ зауэм хуа-гъэса, IэщэкIэ зэщIэузэда дзэшхуэ - зауэм и кIэхэм деж урысыдзэр сэлэтрэ офицеру мин 250-м нэсу щытащ.
 Къэбэрдеймрэ Шэрджэсымрэ къизэун папщIэ, пащтыхьым и дзэпщхэр зыхуемыкIуа бзаджагъэрэ Iэмалрэ къагъэнэжакъым, мылъкур ятхьэкъуурэ, зы лъэпкъыр адрейм ирауштурэ. «Зэпэгуэши, хэгуэ» - аращ урыс дзэпщхэр зытетар.
 «Бгырыс жыIэмыдаIуэхэр» я IэмыщIэ ираубыдэн щхьэкIэ, абыхэм бзаджагъэ Iэджэ къыкIэлъызэрахьащ урыс дзэпщхэм, дзэ пакIэхэр къраутIыпщурэ жылагъуэхэр, псэуалъэхэр, хьэсэхэр зэтрагъасхьэу, дзэшхуэ кърашажьэрэ къатеуэу. Абыи къыщынакъым: генерал-лейтенант Вельяминов Алексей и жэрдэмкIэ I833 гъэм щIадзэри Шэрджэсыр быдапIэхэмкIэ къаухъуреихь хъуащ, адыгэхэм фIаубыда щIым къэзакъ жылагъуэхэр кърагъэтIысхьащ. Абы и ужькIэ илъэс щэщI дэкIри, Кубань областым ис дзэм и Iэтащхьэ генерал Евдокимов Николай иублащ Шэрджэс хэкум адыгэхэр иригъэкъэбзыкIыныр. I86I гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м урыс император Александр ЕтIуанэм унафэ ищIащ Ищхъэрэ Кавказым урысхэмрэ къэзакъхэмрэ из щIын хуейуэ - ар щIыIэнэщI хуэдэ!
 Кавказ зауэм хисхьащ адыгэ жылагъуэ куэдыкIей. Декабрист Бестужев Александр игу щIыхьауэ итхыгъащ: «ФIыгъуэ къахуэтхьын щхьэкIэкъым бгырысхэм дакъылъыщIихьар: абыхэм я гъавэри я мэкъури зытыдогъасхьэ». Вельяминовым итхыгъащ: «Дожьэри мафIэ ядодз, жылагъуэхэр догъэс. УзэплъэкIынуи шынагъуэт, дэнэкIи мафIэсти». Зауэм хэта, ар зи нэгу щIэкIа урыс офицерхэм ящыщ куэдым къызэранэкIащ адыгэхэм кIэлъызэрахьа лейм и щапхъэ куэд. ЩIэныгъэлIхэри щыхьэт тохъуэ абы. Академик Бутько П. Г. и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъым («Материалы по новой истории Кавказа». Спб, 11869 гъэ) итщ пащтыхьым и дзэм ди хэкум щригъэкIуэкIа лъыгъажэ зауэм и хъыбар куэд. Мис абыхэм ящыщ зыбжанэ:
 - 1787 гъэм жэпуэгъуэ мазэм генерал-аншеф Теккели дзэшхуэ къришажьэри, Псыжь къызэпрыкIащ; дзэм адыгэ жылагъуэ 300-м щIигъу зэтрикъутащ, игъэсащ... Гъави мэкъуи къелакъым, псы ирагъэжыхьыжащ;
 - 1788 гъэм шыщхьэуIу мазэм Анапэ и Iэшэлъашэм щекIуэкIа зауэм адыгэ 800 хэкIуэдащ, жылагъуитхум унэ минитI щакъутащ, я мылъкур зэрапхъуащ;
 - 1790 гъэм генерал-поручик Розен Псэкупсэрэ ПщIасэрэ я Iуфэм Iуса жылагъуэ псори игъэсащ;
 - ар дыдэм жэпуэгъуэ мазэм и 7 - 9 махуэхэм Мартэ псым и Iуфэм къуажищ щигъэсащ, нэгъуэщI щIыпIэм деж - къуажи 8, Псыжь и сэ-мэгурабгъумкIэ дэкIуейри КIэмыргуейм нэблэгъауэ къуажэ 28-рэ игъэсащ;
 - 186I гъэм гъатхэпэ - мэлыжьыхь мазэхэм генерал Евдокимовым Щхьэгуащэрэ Хуэдзрэ я тIуащIэм адыгэ къуажэ 90 щызэтрикъутащ («Русский вестник», 1887, №7).
 Зауэр екIуэкIыху апхуэдэ хьэкIэкхъуэкIагъэхэмрэ лъыгъажэмрэ хэкIакъым Къэбэрдеймрэ Шэрджэсымрэ щызэуа дзэр - цIыхур зэтраукIэу, мылъкур зэрапхъуэу, щIыр фIаубыду. Адыгэхэм нэхъри къебгъэрыкIуэ, къытракъузэ щыхъуар XIX лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм я пэщIэдзэрщ, ахэр хы Iуфэм Iуахуэн, хэкум ирахун щхьэкIэ.
 Пащтыхьым и дзэм адыгэхэм къакIэлъызэрихьа леймрэ залымыгъэмрэ гъуни нэзи яIэкъым. Адыгэхэр зэтраукIащ я хэкумрэ я щхьэмрэ я хуитыныгъэм зэрыщIэзэум папщIэ. Пащтыхьым и тхыдэтх Фадеев Ростислав зиумысыжауэ щытащ: «Псыжь адрыщI ис адыгэхэм я щIыналъэрат къэралыр зыхуейр, езыхэм зыкIи хуэныкъуэтэкъым».
Дунейм зэрыпхъуакIуэ зауэ    мин I5-м щIигъу щекIуэкIащ. Ауэ игъащIэми къэхъуауэ къыщIэкIынукъым адыгэхэр зыхадза зауэ гу-щIэгъуншэм хуэдэ. Лъэпкъым лъапсэрыхыр къыхуигъэкIуащ а зауэм. Къелам и нэхъыбапIэр хэкум ирахуащ. Ар зыфIэзахуэ ущрихьэлIэ щыIэщ иджыри къэс. Ауэ пэжыр зыщ: ирамыхулIатэмэ, я щхьэр щIрамыгъэхьатэмэ, фочыпэкIэ хы Iуфэм Iуамыхуатэмэ, кхъухьхэмрэ кхъуафэхэмрэ ирагуэурэ хым зыпрамышатэмэ, псэм пащI я хэкур зыбгынэн зы адыги къэхъунтэкъым. Аращ илъэси I00-кIэ зэпымыуа зауэ гущIэгъуншэм къытхуихьар - хэкур ябгынэн хуейуэ ирахулIащ адыгэхэр, я лъахэр, я мылъкур, я гъавэмрэ я Iэщымрэ, я адэжьхэм я кхъэлъахэхэр, я губгъуэхэр, я къуршхэр, я мэзхэр, я хадэхэр, я псы уэрхэр IэщIыб ирагъэщIурэ...
 Урыс щIэныгъэлI цIэрыIуэ Берже Адольф итхыгъащ: «Урысыдзэм жылагъуэхэр зытрагъасхьэурэ цIыхур хы Iуфэм Iуахуэрт. Ахэр кхъуафэхэм ирагуэрти, Тыркум яшэрт». Хым траша адыгэхэм я зэхуэдитIым нэхърэ нэхъыбэр мэжэщIалIагъэм ихьащ, щIыIэм иукIащ, зэтелIащ.
 «Всемирный путешественник» газетым 1871 гъэм итхащ: «Илъэс дэкIри, абыхэм я бжыгъэ щанитIыр зэтелIащ... Батум деж щитIысыкIа хьэжрэт мин 22-м щыщу псэууэ къэнэжар мини 7-щ; Самсун щытIыса мин 30-м къелар I800-рэщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхур мин бжыгъэкIэ зэтелIащ. «Апхуэдэ насыпыншагъэр апхуэдизу егъэлеяуэ цIыху цIыкIум я нэгу щыщIэкIар зэзэмызэщ» - итхыгъащ урыс пащтыхьым и зэрыпхъуакIуэ политикэр зыфIэзахуэ Дроздов Иван.
 Хэкур зрагъэбгына адыгэхэм хамэ щIыналъэм тыншыгъуэ щагъуэ-такъым. Пащтыхьхэм я зэманым и закъуэкъым лъэпкъхэр зэхэзехуэн ящIу, я хэкум ирахуу щыщытар. Совет къэралым и зэманми къэхъуащ апхуэдэ насыпыншагъэ. ИтIани, адыгэхэм кIэлъызэрахьа лейм хуэдэ зылъыса къэгъуэтыгъуейщ - лажьэ зимыIэ лъэпкъыр зэрылъэпкъыу ирахуащ я хэкум, хамэ щIыналъэхэм хэхэс щыхъуащ ахэр.
 Зауэм и зэманым зэтраукIащ адыгэ лъэпкъ зыбжанэ: адэмейхэр, мэкъуэшхэр, жанейхэр, хэгъакIэхэр; убыххэр зэрыщыту ирахуащ я хэкум.
 Зауэм къела шэрджэсхэр (мин 33-рэ хуэдиз хъууэ) Псыжь губгъуэ шэдылъэм ягъэIэпхъуащ, ахэр къатIысыхьащ, я щхьэр кърамыгъэIэтын щхьэкIэ. Вакъэ зэв ирагъэуващ Псыжь губгъуэ ягъэIэпхъуахэр, я лъэр япхащ, яхурикъун гъавэщIапIэ къратакъым, я нэр ямыгъаплъэ, ягу къихьэмкIэ ягъэкъуаншэ хъуащ. А псор яхуэмышэчурэ, Кавказ зауэр зэрыувыIэ лъандэрэ илъэс 30 - 40 дэкIарэ пэт, заIэтурэ Тыркум куэд Iэпхъуащ.
Илъэси 158-рэ мэхъу Кавказ зауэр зэриухрэ. ИлъэсищэкIэ зэ-пыуакъым ар, зэзэмызэщ апхуэдэ зауэ гущIэгъуншэ цIыху цIыкIум и нэгу щыщIэкIар. Гуузщ абы и тхыдэр, ноби дызыщымыгъуазэ куэд хэлъщ а зауэм и тхыдэм, и кIэм нэсу джа хъуакъым.

Поделиться: