Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

♦Химикым и махуэщ

♦Урысей хьэрычэтыщIэм и махуэщ

♦Урысей шууейм и махуэщ

♦Куржым и лъэпкъ махуэшхуэ нэхъыщхьэщ – щхьэхуитыныгъэм и махуэщ

♦Польшэм щагъэлъапIэ Анэм и махуэр

♦1896 гъэм Урысейм и пащтыхь тажыр щхьэратIэгъащ Николай ЕтIуанэм - иужьрей урысей императорым. А Iуэхум и щIыхькIэ медаль щхьэхуи къыдагъэкIауэ щытащ къэрал лIыщхьэм и унафэкIэ.

♦1913 гъэм дунейм щыяпэу Петербург щагъэлъэтащ мотор куэд зытет япэ кхъухьлъатэр - «Русский витязь» зыфIащар.

♦1918 гъэм Кавказ ЩIыб Федерацэр зэхэкIащ Куржы, Армение, Азербайджан республикэ щхьэхуитхэу.

♦1928 гъэм ФИФА-м и зэIущIэм унафэ къыщащтащ илъэсиплI къэс зэ футболымкIэ дунейпсо зэпеуэ егъэкIуэкIыным теухуауэ.

♦1942 гъэм Iэ традзащ совет-инджылыз дзэ зэгурыIуэныгъэм.

♦1945 гъэм СССР-м унафэ къыщащтащ и промышленностыр мамыр псэукIэм зэрытраухуэжыну щIыкIэр щыубзыхуауэ.

♦1947 гъэм цIыхум и хьэкумыр къэралым укIкIэ щащIэну зэрыхуимытым теухуа унафэ СССР-м къыщащтащ. 1950 гъэм а унафэр якъутэжауэ щытащ.

♦1991 гъэм Гамсахурдие Звиад Куржы Республикэм и япэ президенту хахащ.

♦1995 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академиер (КъБКъМА-р) къызэIуахащ. Иджы ар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетщ.

♦1928 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Щэрдан Iэбу.

♦1969 гъэм къалъхуащ урысей уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Варум Анжеликэ (и цIэ дыдэр Мариещ).

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 20 - 21-рэ, жэщым градус 11 - 12 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Хьэ закъуэрэ лIы закъуэрэ уатемыгушхуэ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ