Мэкъуауэгъуэ

Еханэ мазэ, июныр, мэкъуауэгъуэр къызытекIамкIэ зэтемыхуэ еплъыкIитI щыIэщ. Языныкъуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ар римлянхэм я тхьэ Юнонэ и цIэм епхащ. Адрейхэм зэрыжаIэмкIэ, ар зэпхар Рим и япэ консулу щыта Юний Брутщ.

Мы гъэмахуэ мазэми адыгэхэм зэхуэмыдэ цIэ фIащащ: гъэмахуэку – «середина лета», мэкъуауэгъуэ – «время косьбы». Нэгумэ Шорэ и лэжьыгъэм къыщихьыр: «г амахопемазh – июнь. Совр. гъэмахуэпэмазэ - июнь. букв.: «лета начальный месяц». Нэгумэм и тхыгъэхэм хьэрфзешэ а - м макъ а къикIыуи э къикIыуи хэтщ. Мы псалъэм гамахопемазh - а-м э къегъэлъагъуэ, г - гъ, h - э, н.къ.

МафIэдз Сэрэбий а псалъэращ адыгэхэм къагъэсэбэпу щытауэ къилъытэр. Адыгеибзэм и псалъалъэм къыщыхьар «июнь» псалъэращ. «Июныр гъэмэфэ мэзищым апэрэ. Маир икIымэ июныр къехьэ».

 Ауэ ди зэманым къэбэрдейхэми, адыгейхэми, Сирием, Иорданием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми нэхъыбэу къагъэсэбэпыр мэкъуауэгъуэ псалъэращ: мэкъу «сено» - еуэн «косить» - гъуэ «время, пора» Мы псалъэ къэхъукIэм адыгэбзэм куэдрэ ущрохьэлIэ: -гъуэ - суффикскIэ зэман мыхьэнэ зиIэ щыIэцIэ къохъу: а) глаголым къытекIыу: лэжьэгъуэ «время работы»; зыгъэпсэхугъуэ «время отдыха» б) плъыфэхэм къытекIыу: дахэгъуэ «пора красоты»; щIалэгъуэ «молодость».

Суффикс  - гъуэ пыувэу къэхъуа щыIэцIэхэм отвлеченнэ мыхьэнэ яIэщ: унагъуэ - «семья»; хущхъуэгъуэ - «лекарство».

Гъэмахуэпэ мазэм щхьэкIэ, мэкъумэшым пыщIахэм, зэрыжытIащи, мэкъуауэгъуэ жаIэ. Мэкъур нэхъ хъуауэ ялъытэу щIымахуэм ягъэтIылъынур щыпаупщIыр гъэмахуэ мазэм и етIуанэ Iыхьэрт. Мэкъур хъуарэ мыхъуарэ къащIэн щхьэкIэ, жыгейм и пщIащэр къыпачырти ягъэгъурт. Ар гъуэжьыфэ дахэу, щхъуантIагъэ щIагъуэ щIэмыту гъумэ, мэкъур хъуауэ, щIымахуэ мэкъумылэ бгъэхьэзыр хъуну ялъытэрт. Арагъэнщ мы мазэм мэкъум епхауэ фIэщыгъэцIэ щIигъуэтари. Вагъуэбэр гъавэм къыщыхэплъэу ялъытэр гъэмахуэпэ мазэр арат (июным и 22-м). Абы и деж махуэр нэхъ кIыхь дыдэу, жэщым и кIэщIыгъуэу апхуэдэт. Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъарэ къыхэмыплъарэ пасэрейхэм мыпхуэдэу къащIэрт: а махуэм и шэджагъуэм гупкIэ жьауэр хьэм хурикъуркъым, а жэщым адыгэхэр шэмыгъапцIэ (шэ «молоко» + гъэпцIэн «квасить») («короткая летняя ночь») жэщкIэ йоджэ.

НэгъуэщIу жыпIэмэ, Вагъуэбэр гъавэм къыщыхэплъэ махуэм и шэджагъуэм ныбжьыр нэхъ кIэщI дыдэщ, абы и жэщым шэ зэрадзар пцIэну, шху хъуну хунэсыркъым.

Вагъуэбэр гъавэм къыщыхэплъэм нэгъуэщI нэщэнэхэри епхат. Псалъэм папщIэ, а лъэхъэнэм уафэгъуагъуэ уэшх нэхъыбэрэ къошх, щыблэ мауэ. Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъамэ, гъавэм, нартыхум зреч, щынэм и лым къэуат къыщIохьэ, мае мэхъу, къэб къуэпсым зедз.

Абы щхьэкIэ къуажэхьхэри щыIэт: Вагъуэбэ ежьэ тхьэмпэ бгъуэжь. Тхьэмпэ бгъуэжь ежьэмэ, къуэ, къуэ хъуреищ къегъуэт. Мэкъуауэгъуэ мазэм тхьэлъэIу апхуэдэу епхауэ щытауэ нэхъыжьхэм ящIэжыркъым. Ауэ дунейр уэгъу хъуамэ, хьэнцэгуащэ кърашэкIырт. Абы нэхъыбэу хэтыр цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэщ. Хьэнцэгуащэм и «IэблитIыр» яIыгъыу кърашэкIт, мы псалъэхэр жаIэуэрэ: Хьэнцэгуащэ зыдошэрэ, Ялыхь, уэшх къегъэщэщэх. А псалъэхэр къытрагъазэурэ куэдрэ жаIэ. Мыбы и лъабжьэри мажусий диным къыщожьэ. Чыристан диным адыгэхэр щихьам щыгъуэ а мажусий тхьэлъэIум щихъ Ялий (Илья) жыхуаIэр хэту щытащ, иужькIэ муслъымэн диныр къыщащтэм, абы Алыхьталэм и цIэр хагъэхьащ. Хьэнцэгуащэ тхьэлъэIум щыгъуэ шапсыгъхэм хьэнцэгуащэр псы ежэхым халъхьэрти, уэшх къешхыхукIэ къыханэрт.

Къэбэрдейхэм хьэнцэгуащэр къуажэкум щыхатIэрти, удж иращIэкырт. КIахэ адыгэхэм хьэнцэгуащэ къыщрашэкIкIэ, Iэмал имыIэу шэ зэраз кхъузанэм кхъуей хьэбыкъуэрэ хупцIынэ е тхьэв тIэкIурэ илъу къыздрахьэкIырт. Уэшх нэхъыбэу кърагъэшхын щхьэкIэ, хьэнцэгуащэ къезышэкIхэм хьэндыркъуакъуэ хуэпауэ къыщыздрахьэкIи щыIэт.

Уэшх кърагъэшхын щхьэкIэ нэгъуэщI Iэмалхэри къагъэсэбэпт. Псыхэдзэ ящIырт, мывэ цIыкIухэм ебжурэ ахэр псым, архъуанэм хадзэрт, тхьэлъэIуу Iэщ фIыцIэ яукIыурэ абы и фэр къуажэм и хъуреягъкIэ губгъуэхэм къыщралъэфэкIырт. Ахэр ящIэмэ, уэшх къешхыну ялъытэрт. Гъэмахуэр уэгъу нэужькIэ, апхуэдэ тхьэлъэIу мыдрей гъэмахуэ мазэхэми ящIырт.

Поделиться: