Унагъуэ хуэмыщIахэм зэрызыщIагъэкъуэ Iэмалхэр

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIа зи чэзу зэIущIэм, «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, щытепсэлъыхьащ унагъуэ хуэмыщIахэм защIэгъэкъуэным хуэгъэзауэ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм къигъэсэбэп Iэмалхэм.

Мы зэманым республикэм щагъэзащIэ 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м къыдагъэкIа, «КъБР-м цIыхур ирипсэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейм хуэдиз къыщызымыхьхэм я бжыгъэр гъэмэщIэн» щIыналъэ программэм теухуауэ» КъБР-м и Правительствэм и унафэ №300-ПП-м къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр. Ар зытещIыхьар  тхьэмыщкIагъэр нэхъ мащIэ щIынымрэ цIыхухэм я хэхъуэхэмкIэ егъэлеяуэ зыщхьэщымыкIынымрэщ. Программэр тещIыхьащ улахуэр яхухэгъэхъуэным. Иджыпсту мазэм ику иту къахь улахуэр сом мин 3I-м щIегъу.

- ТхьэмыщIкIагъэм дызэрыпэщIэтыфынур псом хуэмыдэу республикэм и экономикэм и зыужьыныгъэм епхащ. Абы къыхэкIыу ди къалэн нэхъыщхьэр экономикэр едгъэфIэкIуэнырщ, IуэхущIапIэщIэхэр щIыналъэм щыухуэным мылъку хэзылъхьэнухэр тегъэгушхуэнырщ, хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ зедгъэужьынырщ, зи щхьэм телэжьэж цIыхухэм защIэгъэкъуэнырщ, улахуэр нэхъ мащIэ дыдэм хэгъэхъуэнырщ, бюджет IэнатIэ Iутхэм лэжьапщIэр зэрырат щIыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнырщ, - жиIащ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим.

Абы зэрыжиIамкIэ, республикэм щыпсэухэм я хэхъуэр къызыхэкIхэм ящыщщ къэралым абыхэм зэрызащIигъакъуэри. Апхуэдэ Iэмалхэм ящыщщ унагъуэ хуэмыщIахэмрэ зи закъуэу псэухэмрэ зэрадэIэпыкъур.

Мы зэманым социальнэ ахъшэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зыщIагъакъуэ цIыху 246 938-м. А Iуэхум сом меларди 3,78-рэ хухэхащ.

2020 гъэм къыщыщIэдзауэ щIыналъэм мылажьэу пенсэм щысхэм ират ахъшэм яхудыщIигъуащ, я хэхъуэр цIыхур ирипсэун щхьэкIэ зыхуейм (2022 гъэм ар сом II 644-рэ мэхъу) нигъэсын мурадкIэ. Социальнэ ахъшэр яIэрохьэ пенсэм щыс цIыху мин 57-м щIигъум.

ЦIыху щхьэхуэхэм (лэжьыгъэм и ветеранхэм, тылым и лэжьакIуэхэм, политикэ залымыгъэ зытехьахэм, къуажэхэм щылажьэ IэщIагъэлIхэм, къуажэ егъэджакIуэхэм) мазэ къэс зэрызыщIагъакъуэ Iуэхуми (ЕДВ) пащащ. 2022 гъэм и япэ мазищым къызэригъэлъэгъуамкIэ, цIыху мин 39-м ар яIэрохьэ, а Iуэхум сом мелуан 9I-м щIигъу токIуадэ.

«СССР-м щIыхь зиIэ и донор», «Урысейм щIыхь зиIэ и донор» дамыгъэр зыхуагъэфэщахэм илъэс къэс ахъшэкIэ зыщIагъакъуэ. Апхуэдэу республикэм щопсэу цIыху 850-рэ.

2022 гъэм и япэ мазищым коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ бэджэнду яIыгъ пэшым и уасэр тынымрэ хуэгъэзауэ субсидие зэхуэмыдэхэр иратащ унагъуэ 3 650-м.

Унагъуэ хуэмыщIахэмрэ зи закъуэ псэу цIыху хуэмыщIахэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэу сом мин I5-нэс яIэрохьэ. Мы гъэм а Iуэхутхьэбзэм хуэныкъуэу зрагъэтхащ цIыхуи I87-м.

Асанов Алим тепсэлъыхьащ лэжьапIэ къагъуэтыным, я щхьэм зэрытелэжьэжыну Iуэху къызэрагъэпэщыным, къэбгъэлъагъуэмэ, щытыкIэ гугъум къыхэшыным хуэунэтIауэ къэралыр дэIэпыкъуэгъу зэрыхъу Iэмалхэми.

Апхуэдэ лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ, социальнэ контракткIэ 2020 гъэм унагъуэ 20-м, 2021 гъэм - 184-м, 2022 гъэм - 165-м я хьэрычэт Iуэхухэр езым къызэIуахащ.

2022 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м къыдагъэкIа «Илъэси 8 - 17 зи ныбжьхэм мазэ къэс ахъшэ етыныр къызэгъэпэщыным теухуауэ» КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэр ягъэзэщIэн папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ УФ-м и Пенсэ фондымрэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ.

ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ республикэ центрым и учётым цIыху мини I0-м нэмыс щытщ. Абы ящыщу мини 3,5-м-м нэблагъэм социальнэ ахъшэ къаIэрохьэ.

2022 гъэр къызэрихьэрэ республикэм цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и IуэхущIапIэхэм лэжьыгъэ лъыхъуэу зыхуагъэзащ цIыху минихым нэблагъэм. ЦIыху мини 3,9-р лэжьапIэншэу къалъытащ, ар хуэдиткIэ нэхъ мащIэщ нэгъабэ апхуэдэ и пIалъэм щыIам елъытауэ. 2022 гъэм мы IэнатIэр цIыху 1 363-м ядэIэпыкъуащ лэжьапIэ къагъуэтынымкIэ.

Бынунагъуэшхуэхэм етхуанэ сабийрэ абы къыкIэлъыкIуэхэмрэ къащыхэхъуэкIэ (2008 гъэм щIышылэм и 1-м мынэхъапэу къалъхуауэ щытын хуейщ) щIыналъэм зыщIегъакъуэ анэм и ахъшэкIэ е я псэупIэр зэрырагъэфIэкIуэну Iуэхухэм хуэгъэзауэ зэуэ сом мин 250-рэ ярет. 2022 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу социальнэ дэIэпыкъуныгъэ къазэрыIэрыхьэну тхылъымпIэхэр унагъуэ 75-м иратащ. Я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ зэрызыщIагъакъуэ ахъшэр унагъуэ 44-м яIэрыхьащ.

Бынунагъуэшхуэхэм я пщIэр къаIэтын, зыщIагъэкъуэн мурадкIэ, республикэм къэрал дамыгъэ иIэщ - «Анэм и щIыхь» медалыр. Сабиитхум къыщыщIэдзауэ 9-м нэс зыпI анэхэм а дамыгъэм и гъусэу ират зэрагъэгушхуэ ахъшэ (зы сабий къэс сом мини 10). Сабии 10-рэ нэхъыбэрэ зиIэ цIыхубзым микроавтобус къыхуащэху. Къэбгъэлъагъуэмэ, 2008 гъэм къыщыщIэдзауэ 2021 гъэ пщIондэ «Анэм и щIыхь» медалыр хуагъэфэщащ бзылъхугъэ 365-м. Абыхэм ящыщу 41-м «Газель» микроавтобус иратащ.

Министрыр тепсэлъыхьащ балигъ ныбжьым нэмысахэм ящыщу щытыкIэ гугъу ихуахэм зэрадэлажьэмрэ зэрызыщIагъакъуэмрэ.

Егоровэ Татьянэ министрым гу лъригъэтащ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм теухуауэ цIыхухэм щIэх-щIэхыурэ депутатхэм упщIэкIэ зыкъызэрызыхуагъазэр. Псалъэм папщIэ, абыхэм ящыщщ зи ныбжьыр илъэси 3-м къыщыщIэдзауэ 7-м нэс хъухэм ират ахъшэр языныкъуэхэм къыщIамыхьым и щхьэусыгъуэр къазэрыгурамыгъаIуэр, цIыху щхьэхуэхэм бэджэнду къащта пэшым и уасэмрэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм щIатымрэ къэралым зэраритыж щIыкIэм зэрыхамыщIыкIыр, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэмрэ сабийхэмрэ зыщIагъэкъуэн мурадкIэ республикэм щекIуэкI щэбэт щIыхьэхухэм къыхэкI ахъшэр зэрытрагуашэр, нэгъуэщIхэри.

Асановым къыхигъэщащ илъэси 3 - 7 зи ныбжь сабийхэм хухах ахъшэр щIрамытынкIэ хъуну щхьэусыгъуэ нэхъыщхьищ. Ахэр унагъуэм я хэхъуэр зэрыинырщ, автомобилитI зэраIэрщ е я хэхъуэр зыуи къызэрымыгъэлъэгъуарщ. Ахъшэхэр яхуэгъэувыным теухуауэ республикэм цIыхуи I00-м мащIэу щIигъу лажьэу аращи, закъыхуэзыгъэза псоми псынщIэу жэуап иратыжыну Iэмал яIэкъым. Министрым дыщIигъуащ а IуэхумкIэ закъыхуэзыгъэза куэдым мы зэманым ирихьэлIэу жэуап къазэраIэрыхьар.

Компенсацэхэм теухуауэ къэпсэлъам жиIащ а Iуэхутхьэбзэр цIыхухэм къызэрагъэсэбэпыфыну Iэмалхэр ЖКХ-м и ГИС-м зэрыщызыхуахьэсынур.

Щэбэт щIыхьэхухэм къыхэкI ахъшэр зэрытрагуашэ щIыкIэм къыщытеувыIэм, министрым къыхигъэщащ апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ илъэс къэс Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм сом мин 75-рэ зэрыратыфыр, абы къыдэхуэ ахъшэр ветеранхэмрэ зи щхьэгъусэ зауэм хэкIуэда цIыхубзхэмрэ я унэхэр зэгъэпэщыжыным зэрытрагъэкIуадэфыр. ЩытыкIэ гугъу ихуа унагъуэхэм сом мини 3 ират я сабийхэр гъэ еджэгъуэщIэм щыхуагъэхьэзыркIэ къагъэсэбэпыну.

КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI Къэжэр Хъусен къыхигъэщащ унагъуэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуным республикэм гулъытэшхуэ зэрыщыхуащIыр,сыту жыпIэмэ ахэр зэрефIакIуэм елъытащ тхьэмыщкIагъэм къишэ гугъуехьхэм зэрыхэщIынур. Апхуэдэуи а Iуэхугъуэхэм мыхьэнэ яIэщ къэралым къыщалъхум хэхъуэнымкIэ. Абы къыхэкIыу унагъуэхэр зыхуей хуэгъэзэныр къалэн нэхъыщхьэ дыдэу зыхуагъэувыж.

ЗэIущIэм щыжаIахэр къызэщIакъуэжри, депутатхэм ягъэбелджылащ зэлэжьыпхъэ Iуэхугъуэхэр.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: