«Укъызэрашэ уи шыбэщ, узэралъагъу уи гъуэгущ»

Пасэ зэманым нысащIэ къашагъащIэм илъэскIэ Iуэху хьэлъэ ирагъащIэу щытакъым: псалъэм папщIэ, ар унагъуэм къыщихьагъащIэхэм пщафIэртэкъым, пщэфIапIэм зыри щищIэххэртэкъым. Ауэ, «укъызэрашэ уи шыбэщ, узэралъагъу уи гъуэгущ», - жаIэу щIыщытар нысэм укIытэ хэлъу, Iэщабэ-Iущабэу зэрызигъэлъэгъуэн хуейр арат икIи Iуэху мыхьэлъэ зэмылIэужьыгъуэхэри и пщэ дэлът. Арауэ къыщIэкIынщ, «Гуащэ темышэрэ пэт жыхампхъэ къещтэ», щIыжаIар. Абы унэр зэлъыIурагъэхырт, пэш кIуэцIым щагъэпхъанкIэрт, дэрбзэр лэжьыгъэ мыгугъухэр ирагъащIэрт. Гъунэгъухэм щэкI къыхуахьырти ягъадэрт, щIалэхэми зэрахьэ хьэпшып цIыкIухэр ирагъэщIырт. Зэрыхабзэти, нысащIэр нэхъ Iэпэщабэу ялъытэу щытащ.

Нысэр цIыхубз Iуэху дэтхэнэми нэхъ теубыдауэ еувалIэу щыщытар япэу псыхьэ кIуа нэужьт. АтIэ, нысащIэр япэ дыдэ псыхьэ щыкIуэм деж Iэмал зимыIэу ябжырт Псыхъуэгуащэм пщIэ хуищIыр игъэлъэгъуэну. Абы дауэдапщэ цIыкIу гуэрхэр ехьэлIат. Псыхьэ ежьэным ипэкIэ нысащIэм саугъэт зыкъом игъэхьэзырт: чысэ цIыкIу, бэлътоку цIыкIу, IэфIыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щIыгъужу. НысащIэм пхъэхьыр и дамэм телъу къежьэрт. Абы и гъусэ хабзэт нысэгъу нэхъыжь, пщыпхъу хъыджэбз, пшынауэ, гъунэгъу пщащэхэр, хьэблэ сабийхэр. Гъуэгум къащыхуэзэхэм нысащIэм и цIэкIэ тыгъэ ират хабзэт. Къахуэзар нэхъыжьмэ, ар нысащIэм къехъуэхъурт насып куу иIэну, узыншагъэ быдэ иIэну, быныфIэ хъуну, псыхьэ гъуэгу угъурлы теувауэ къыщIэкIыну. Псым щынэблагъэм адрейхэр къэувыIэрти, нысащIэм и закъуэ япэ ирагъэщырт. Ар псыежэхым е псынащхьэм бгъэдыхьэрти, къригъэхъуэн ипэкIэ дахэу шхыныгъуэхэмрэ IэфIыкIэхэмрэ псы Iуфэм Iулъ мывэ гуэрым трилъхьэрт, Тхьэм елъэIурт. ИужькIэ псыр къригъахъуэрти, пхъэхьым ириужын хуей щыхъум, щIалэ цIыкIу къомыр къежэрт - псыр иракIутыну, нысащIэм ираутхыну хэтт, псым ятIэ хадзэрт. НысащIэр абдежым бэшэчрэ тэмакъкIыхьу къыщIэкIын хуейт. Ар къызэрымыгубжьар ялъэгъуамэ, къуейщIеин щагъэтыжырт, ауэ нысащIэр къэгубжьамэ, нэхъыжьхэри щIалэ цIыкIухэм я телъхьэ щыхъу щыIэт. Ауэ гуфIэу, сабийхэм ядэджэгуу ялъэгъуа - нэхъыжьхэми и гъусэу къежьахэми нысащIэм и лъэныкъуэр яубыдырти тэмэму, зыри зэран къыхуэмыхъужу псыр зэрырагъэхьыным иужь итт. Къэсыжа нэужь унэм исхэр нысащIэм ехъуэхъурт. Языныкъуэ къуажэхэм щыхабзэу щытащ, нысащIэр япэ псыхьэ щыкIуам къихьа псым щыщ унагъуэм ис псоми зыIуагъахуэу. ЩыхъуахъуэкIэ: «Псым хуэдэу уаулъагъу!» - жаIэрт. Абдежым щегъэжьауэ, нысэр гуащэм игъусэуи и зэкъуэуи пщафIэрт, жэми къишырт, хадэ лэжьыгъэми хыхьэрт. КIэщIу жыпIэмэ, унагъуэ кIуэцI Iуэхуу цIыхубзым и пщэ дэлъ псоми езым и Iуэху хэлъ хъурт.

ЦIыхубзыр зэи цIыхухъу Iуэхум хэпсэлъыхьыртэкъым, цIыхухъухэри цIыхубз Iуэхум хэIэбэ хабзэтэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, Къэзэнокъуэ Жэбагъы лейуэ жиIакъым: «Жылэм ягъэпуда лIыр фызым къыдехыжыфри, фызым игъэулъия лIыр зэрыжылэу яхуэгъэкъэбзэжыркъым», - жиIэу.

ЦIыхухъум пщIэуэ иIэныр ар щхьэгъусэм зэрыхуэузэдым IэджэкIэ елъытат. Пасэ зэманым нобэ хуэдэу куэду хьэпшып ящэртэкъым - цIыхухэм нэхъыбэу зэрахьэр езыхэм ядыжа хьэпшыпт. Абы къыхэкIкIэ, адыгэ бзылъхугъэхэр дэрбзэрыным хуэмыIэзэныр икIагъэу ябжырт. Абыхэм ящIа цейр пкъым хуэфIыпст, яда джанэр тIэпIыжыртэкъым, я Iэм къыщIэкIа хьэпшыпыр быдэт, егъэлеяуэ дахэт, гъэщыпкъат. ЦIыхубзхэм щIагъщIэлъ, джанэ, гъуэншэдж, фащэ къудейтэкъым ядыр, абыхэм къэптал, пыIэ, лъей, гуэншырыкъ хуэдэхэри ящIырт. Бзэпс быдэ икIи дахэ зыщIыф бзылъхугъэр, уагъэ-щагъэ екIукIэ хьэпшыпхэр зыгъэщIэращIэр, блэкIрэ пэт зэрыжаIэу бзыпхъэ тезыхыфыр хэку псом щагъэлъапIэу цIэрыIуэ хъурт.

Хабзэм щыщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу