ЗэфIэкI лъагэхэр къагъэлъагъуэ

Мэзкуу областым хыхьэ Ершовэ щIыпIэм щекIуэкIащ лIэужьыгъуэ псори щызэхуэхьэса каратэмкIэ Урысей Федерацэм и кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэ. Саугъэт нэхъыщхьэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 39-м къикIа спортсмен 420-рэ. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм ящыщу «полный контакт» лIэужьыгъуэм пашэныгъэр щаубыдащ Жамбей Астемыррэ Толдиевэ Лейлэрэ. ТхьэлI Анзор дыжьын медалыр къихьащ. Тогузаев Ислъамрэ Толдиев Алийрэ ещанэ увыпIэхэр зыIэрагъэхьащ. 
«Полный контакт в средствах защиты» каратэ лIэужьыгъуэм дыжьын медалыр къыщихьащ Куэшмэн Назир. А гуп дыдэм ещанэ щыхъуащ Асанов Тамерлан. 
Иджырей зэхьэзэхуэм къыщагъэлъэгъуа зэфIэкIхэм елъытауэ командэ къыхэхам спортсменхэр зэрыхагъэхьэ рейтинг очкохэм хэхъуэнущ. 
 

 

Къэхъун Бэч.
Поделиться:

Читать также: