ЛъэпкъкIэ ухэт, адыгэ?

Адыгэм «лъэпкъкIэ ухэт?» жыпIэрэ уеупщIмэ, иныкъуэхэм «сыбеслъэнейщ», «сыбжьэдыгъущ», «сыкIэмыргуейщ», «сыкъэбэрдейщ» жаIэ. ЩыIэщ адыгэр лIакъуэ-лIакъуэкIэ фымыгуэш, дэ псори дыадыгэщ жызыIэхэри. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, щыIэщ адыгэ лъэпкъым къудамэ пщыкIутIу зэригуэшым зыри хэзмыщIыкIыххэхэр. 
Адыгэ лъэпкъыр къэбэрдей, беслъэней, кIэмыргуей, нэтхъуей, хьэткъуей, жэней, еджэрыкъуей, абазэх, убых, шапсыгъ, бжьэдыгъу, мамхэгъ жиIэу зэхэтщ. Абы и закъуэкъым, адыгэбзэри диалекткIэ егуэш: къэбэрдей диалект, бжьэдыгъу диалект, беслъэней диалект, нэгъуэщIхэри. Дэтхэнэ лъэпкъми и псэлъэкIэ иIэжщ, ауэ псори зэрыпсалъэр, зыгуэркIэ зэщхьэщыкIми, адыгэбзэщ. 
Сыт атIэ адыгэ лъэпкъыр апхуэдэу гуэша щIэхъуар, псэлъэкIэ зэрыз щIаIэр, я фIэщыгъэхэр къыздикIар дэнэ, щхьэ ар зыфIащын хуей хъуа? УпщIэм щIэщхъу хэлъкъым. Си блэкIар сщIащэрэт, жызыIэм, жэуап игъуэтынущ сытым дежи. Мы упщIэхэми я жэуап къэтлъыхъуэу дриплъэжынщ ди тхыдэ жыжьэм. 
14-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм 15-нэм и пэхэм Кърым лъэныкъуэмкIэ къикIри, тенджыз гъуэгукIэ Кавказым къекIуэлIауэ щытащ Хьэрыпхъан пщышхуэр, и лъэпкъэгъу куэд щIыгъуу. Ар щыпсэуа щIыпIэм жагъуэгъу куэдыщэ щиIэти, къахэкIауэ арат. Хы ФIыцIэ Iуфэм къыщесылIэм, кIахэхэр (хы Iуфэм Iус адыгэхэр) абыхэм гуапэу яIущIащ. ХьэщIэхэр кIахэхэм я щIыналъэм къитIысхьащ икIи хъарзынэу зэхэзэгъащ, я бзэкIи хабзэкIи зэтехуэрт. Дауи, къекIуэлIахэм зы фIэщыгъэ гуэр етын хуейти, ахэр Кърымым щыщыпсэуам щыгъуэ КъэбартэкIэ (псыр уэру къызэрехым, «къызэрыбатэм» къыхэкIыу игъуэта цIэ) зэджэ псы Iуфэм Iусу щытати, «къэбартэ» цIэри хуагъэфэщэжащ «лъэпкъыщIэм». 
Зэманыр кIуэрт, лъэпкъыщIэр багъуэрт, зиубгъурт. Ауэрэ къэбартэхэм щхьэхуэ защIыну, хущIэкъу щыхъум хьэлэбэлыкъ къикIащ, зэгурымыIуэж хъуащ, уеблэмэ къезышэжьа я пщыр трахури, щхьэж здиунэтIыр и гъуэгуанэу, зэбгрыкIащ.
 Хьэрыпхъан и етхуанэ лIакъуэ къуэрылъху Инал акъылыфIэу, хахуэу, уардэу, псалъэ зыхэмызагъэр къарукIэ хигъэщIу къэхъурт. ЩIалэщIэм къыгурыIуат и лъэпкъым и Iуэху зыIутыр икIи куэд мыщIэу зэрызэрыукIыжынур. Инал хузэфIэкIащ кIахэри, езым и лъэпкъ щэщэжри зригъэдэIуэну, и псалъэм, и унафэм щIигъэувэну. И адэшхуэхэм яIэщIэхуа пщыгъуэр и IэмыщIэ ириубыдэжри, лъэпкъыр зы ищIыжащ, КъищынэмыщIауэ, ар хущIэкъурт абазэ лъэпкъхэми я унафэр къищтэну. Апхуэдэу, абазэр мамырыгъэкIэ адыгэхэм къагухьэн щамыдэм, абыхэм зауэ ярищIылIащ. 
Инал икъукIэ цIыху гуащIафIэт, губзыгъэт, цIыхугъэ зыхэлът. ЗалымыгъэкIэ абхъазхэри, адыгэхэри, абазэхэри зы ищIыну щIыхущIэкъур, тэтэр, кърым, нэгъуей лъэпкъхэм зэщIыгъуу япэщIэувэфын папщIэт. Мамырыгъэм и телъхьэхэм лей ярихыртэкъым, и псалъэ губзыгъэм къемыдаIуэу ерыщ екIуэхэм и къарумрэ и ткIиягъымрэ ягъэунэхурт. Тхыгъэхэм къахощыж «Инал и фIыр - фIы дыдэу, и Iейр – шынагъуэу», щытауэ. Инал пщышхуэр апхуэдэу цIыху телъыджэу зэрыщытым къыхэкIыу, зи тхьэмадэр фIыуэ зылъагъу цIыхубэм абы и цIэм «нэху» псалъэр къыпагъэувэри, Инал НэхукIэ еджэ хъуащ псори. 
Къэбартэхэм я пщы телъыджэм къуитI иIащ, – Беслъэнрэ Тобылэрэ – абыхэм я быныжу къуэрылъхуитху: Жанхъуэт, Минболэт, Унэрымыс, Къырмыш, Къаныкъуэ. Инал и къуитIри я адэм ещхь хъужауэ пхужыIэнутэкъым, пщыгъуэр пащэфынуи фэ ятеттэкъым. Абы къыхэкIыу, пщышхуэр гупсысэрейт, пщыгъуэр абыхэм зэрахуземыхьэнур къыгурыIуати. Инал и къуэрылъхухэр езым ещхьу зэрипIыжыным иужь итт, абыхэм ящыщт пщыгъуэр къызыхуигъэнэнур. Псом я нэхъыщхьэжу Инал и къуэрылъхухэр къызыхуриджэр зы Iуэху щхьэпэт – лъэпкъыр зэпкърамыгъэхуным, унафэ ткIийм щIэту зэраIыгъыным, я щIыналъэр бийхэм щахъумэным. «Фызэкъуэтмэщ бийм фыщытекIуэнур. Апхуэдиз гуащIэ зытезгъэкIуадэу зы сщIа лъэпкъыр пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зэхуагуэшыжрэ, зэпэщIэувэжмэ, ар кIэ тхуэхъунущ», - жиIэрейт Инал. 
МамырыгъэкIэ адыгэхэм къагухьэну хуэмей абхъазхэм зауэ ярищIылIауэ Инал Нэху Абхъазым уIэгъэ хьэлъэ щыхъури, абы илIыкIауэ щытащ. Адыгэ пщышхуэм и унафэм къыщIэувэну хуэмейуэ лъы ягъажэми, бийхэм абы икъукIэ пщIэ къыхуащIырт, ялъытырт. Абы и щыхьэту Инал Нэху щылIа махуэм зауэр ягъэкIащхъэри, щIыхьышхуэ иIэу, пщIэ, нэмыс къыхуащIу Абхъаз щIыналъэм щыщIалъхьэжауэ щытащ икIи Iуащхьэ тращIыхьыжащ и кхъащхьэм. 
Пщышхуэр дунейм зэрехыжу, хуит хъужа адыгэпщхэмрэ уэркъхэмрэ лъырэ пщIантIэпскIэ Инал къызэригъэпэща и къэралыгъуэр ягъэщэщэжащ – зэхэлъэдэжри зэзэуэжащ, щхьэж къылъысу къыщыхъур зрилъэфэлIэжащ, Адыгэ Хэкур (Черкесие жыхуаIэжыр) зэхуагуэшыжри, тIысыжахэщ. ИужькIэ, щхьэж щыпсэу щIы Iыхьэм ис цIыхухэм ищхьэIуэкIэ зи гугъу тщIа фIэщыгъэцIэхэр ягъуэтащ. Псалъэм папщIэ, Къаныкъуэ и адэ Беслъэн и цIэкIэ «къылъыса» жылэм «беслъэней» фIищIащ. Къэбартэхэр нэхъ зэхуэхусауэ щыпсэууэ щыта щIы Iыхьэм къинахэр «къэбэртей/къэбэрдей» хъуащ. 
Апхуэдэурэ зы лъэпкъыу щыта адыгэхэр къудамэ пщыкIутIу зэгуэкIащ. Абы къикIрэ-тIэ, дэ зылъ тщIэмыту, зы псэ тIумыту, зы бзэ тIурымылъу, дызэхуэхамэу?! 
ГъэщIэгъуэнракъэ, абхъазхэм дежкIэ Инал Нэху хамэми, абы и Iуащхьэ «Инал къубэ» жыхуаIэр иджыри къыздэсым яхъумэ! ХагъэкIуэдэжын дэнэ къэна, хьэкIэкхъуэкIэхэр гъунэгъуу ирагъэкIуалIэркъым. 
Инал Нэху дежщ адыгэ лъэпкъым и щIэращIэнымрэ псэунымрэ къыщыщIидзауэ ябжыр. А цIыху телъыджэм, зауэлI хахуэм, тхьэмадэ щэджащэм дежщ къыщежьар адыгэ «аристократиер» - ди лъэпкъым пщыуэ хэтар Инал и щIэблэщ. Псалъэм папщIэ, къэбэрдей пщышхуэу Идар Темрыкъуэ - Инал и къуэрылъху Къырмыш и къуэщ. 
Тхыдэм иджыри къыхощ Инал Нэху и бынхэм епха Iуэхугъуэ – Урыс-Кавказ зауэжь лъахъэнэм адыгэ лъэпкъ пщыкIутIми зэхуэдэу ялъысащ гуIэгъуэшхуэ, нобэр къыздэсым зи Iэужьыр мыгъущыжар – адыгэр дунейм дытепхъащ. Зи адэжь щIыналъэ исыжыр Iэбжьыб ихуэнущ, хамэ къэралхэм щыпсэухэм тещIыхьауэ. АтIэ, арауэ пIэрэт Инал Нэху пщышхуэр «фызэрыIыгъ, фызэкъуэт, фызэрымыгъэкIуэд» жиIэу, и бынхэм елъэIуу щIыщытар?! Урыс-Кавказ зауэ зэманым лъэпкъ пщыкIутIри зэхыхьэрэ, «зы IэштIыму бийм техуатэмэ», ди насыпыр нэгъуэщI хъуну пIэрэт? 
Мы хъыбарым къиIуэтэж Iуэхугъуэр фIэгъэнапIэ ящIу, «къызэрыщIэкIымкIэ, къэбэрдейхэр хы адрыщI къикIащ, ауэ щыхъукIи, адыгэкъым» жызыIэни щыIэу къыщIэкIынщ. Апхуэдэхэм папщIэ къыхэгъэщыпхъэщ Кърымым и Херсонес хытIыгу ныкъуэм ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэр мин бжыгъэкIэ зэрыщыпсэуар. Абы тетхыхьауэ щытащ Геродот. 
 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: