Снайпер цIэрыIуэм и фэеплъ зэхьэзэхуэ

Техник ныбжьы­щIэхэм я стан­цым, Нало Залым и цIэр зэрихьэу Нарткъалэ дэтым, щекIуэкIащ пневмат фочымкIэ нэщанэ еуэ­нымкIэ Аруан ­районым и зэ­хьэзэхуэ. Ар фэ­еплъ хуащIащ Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щы­зэрихьэу хэта Жамборэ Щэуал. Абы и фэеплъ зэхьэзэхуэм хэтащ Аруан ­районым и курыт еджапIэхэм щIэсхэр.

Зэпеуэр къызэрагъэпэщащ Жамборэм и фэеплъыр тхыдэм къы­хэнэн, дзэ-прикладной спорт лIэужьыгъуэхэм зегъэу­жьын, ныбжьыщIэр хэкупсэу къэ­гъэтэджын мурадкIэ. Ахэр хуэунэтIащ школакIуэхэм хэкум и тхыдэр яджынымрэ нэмыцэ фашистхэм япэщIэту цIых­у­бэм къагъэлъэгъуа лIыхъу­жьы­гъэм­рэ яхуэIуэтэнымрэ. Къищы­нэ­мыщIауэ, зэхьэзэхуэхэр сэбэп хуэхъунущ спорт­смен зэчиифIэхэр къыхэшынымрэ абы­хэм щIэгъэгъуэн егъэгъуэты­нымрэ. Дзэ къулыкъум къыдэ­кIуэтей ныбжьыщIэхэр хуэгъэ­хьэ­зы­ры­ным хуэунэтIа лэ­жьы­гъэшхуэщ мыпхуэдэ зэ­хыхьэхэр.
Зэхьэзэхуэр къыщызэIуахым Техник ныбжьыщIэхэм я станцым и унафэщI Нало Юрэ къы­зэхуэсахэм ехъуэхъуащ икIи фочкIэ нэщанэ еуэнымкIэ район зэ­пеуэм хэтхэм зэфIэкI лъагэ къагъэлъэгъуэну зэрыщыгугъыр къыхигъэщащ.
КъызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ Гулэжын Беслъэн спортсменхэмрэ абыхэм я зэпеуэм кIэ­лъыплъыну кърихьэлIахэмрэ яхуиIуэтэжащ снайпер цIэрыIуэ Жамборэ Щэуал зэрихьа лIыхъу­жьыгъэхэм ятеухуа хъыбархэр.
Гуп зэхьэзэхуэм очко нэхъыбэ щызыIэрагъэхьащ Нарткъалэ дэт курыт еджапIэ №2-м и еджа­кIуэхэм (очко 72-рэ). Абыхэм ­къакIэлъокIуэ курыт еджапIэ №6-р (очко 64-рэ). Ещанэ увы­пIэр яубы­дащ очко 59-рэ къэ­зыхьа Нарткъалэ дэт лицей ­№1-м и щIэсхэм.
Щхьэзакъуэ зэпеуэм хъы­джэбз цIыкIухэм я деж пашэныгъэр щиубыдащ Нарткъалэ и курыт еджапIэ №5-м щеджэ Фырэ Ясминэ. Къэхъун къуажэ и курыт еджапIэ №1-м и еджакIуэ Абазэ Заринэ етIуанэ увыпIэр къихьащ. Ещанэ хъуащ Нарт­къа­лэ и курыт еджапIэ №2-м щIэс Даур Даринэ.
ЩIалэ цIыкIухэм я зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр щиубыдащ лицей №1-м и еджакIуэ Тамбий Ас­темыр. Нарткъалэ дэт курыт еджапIэ №2-мрэ №6-мрэ ­ще­джэхэу Тэхъу Ахьмэдрэ ­Къумыкъу Аз­науррэ етIуанэ, ещанэ увы­пIэхэр къахьащ.
Командэхэм я унафэщIхэм я зэпеуэм нэхъ Iэзэу нэщанэ ­щ­еуащ Нартакъалэ и курыт еджапIэ №2-м и гъэсакIуэ ­ГъукIакъуэ Арсен. Абы къыкIэ­лъокIуэ Езий Артуррэ (Къэхъун курыт еджапIэ №1) Псынабэ ­къикIа командэм и пашэ Абазэ Рашидрэ.
Спайпер цIэрыIуэ Жамборэ Щэуал и фэеплъ зэхьэзэхуэм щы­текIуахэмрэ къыщыхэжаны­кIахэмрэ кубокхэр, дипломхэр, грамотэхэмрэ медалхэмрэ иратащ Нало Юрэрэ Аруан райо­ным и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Езий Юрэрэ.

Жыласэ Замир.
Поделиться: