Ди щIыналъэр ящыщщ бзэщIэныгъэм зыужьыныгъэ ин щызыгъуэтхэм. АбыкIэ фIыщIэшхуэ бгъэдэлъщ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм. Университетым и къудамэхэм я нэхъыжьхэм халъытэ филологие IэнатIэм лэжьэн щIидзащ илъэс 90 ипэкIэ, 1932 гъэм, абы щыгъуэ Псыхуабэ (Пятигорск) къыщызэIуахауэ щыта Къэбэрдей-Балъкъэр пединститутым хэту.
Пединститутым и факультетищым - физикэмрэ математикэмкIэ, биологиемкIэ, филологиемкIэ - щрагъаджэрт егъэджакIуэ 13-м. ИужькIэ къызэрагъэпэщащ тхыдэмкIэ факультетри. ФилологиемкIэ факультетым и зы къудамэт бзэщIэныгъэхэмкIэ кафедрэри. Абы Борыкъуей ТIутIэ я унафэщIу щылажьэрт адыгэбзэмкIэ, балъкъэрыбзэмкIэ, урысыбзэмкIэ егъэджакIуэхэр. Зыпэрыт Iуэхум къыдэкIуэу кафедрэм и егъэджакIуэхэу Елбэд Хьэсэн, ДыщэкI Мухьэмэд, ЦIагъуэ Мухьэмэд сымэ, я унафэщIыр я пашэу, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуи я пщэм дэлът: лъэпкъ тхыбзэм и хабзэхэр гъэбелджылын, литературэбзэм и мардэхэр убзыхун, сабийхэр зэрырагъэджэну тхылъхэр гъэхьэзырын, адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжын, джыжын, нэгъуэщIхэри.
1937 гъэм Налшык ухуэн щаухащ пединститутым и унэр икIи еджапIэ нэхъыщхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къагъэIэпхъуэжащ. А илъэс дыдэм бзэщIэныгъэхэмкIэ кафедрэр тIууэ ягуэшащ: урысыбзэмкIэ кафедрэ, лъэпкъыбзэхэмкIэ кафедрэ. Апхуэдэу екIуэкIащ Хэку зауэшхуэм щIидзэху. А лъэхъэнэм кафедрэм и лэжьакIуэхэу ДыщэкI М., Елбэд Хь., Кумыщ Хь., ТIажь Ш., Хьэбырэ И. сымэ куэд зэфIагъэкIащ адыгэбзэм и фонетикэр, псалъэ къэхъукIэр, синтаксисым хэлъ щхьэхуэныгъэхэр, лъэпкъ литературэм и зыужьыкIэр къэхутэным теухуауэ. Ауэ дахэу ежьа а лэжьыгъэр, адыгэ лъэпкъыр хуабжьу зыхуэныкъуэр, къызэпиудащ зауэм. Абы и мафIэм япэ махуэхэм щегъэжьауэ пэрыхьэри, зауэ гъуэгуанэ хьэлъэр якIуащ кафедрэм и лэжьакIуэхэу ДыщэкI Мухьэмэд, ТIажь Шэхьбан, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Къардэн Бубэ, Нало Ахьмэдхъан сымэ. Бийр ди лъахэм ирагъэкъэбзыкIыжа нэужь, 1943 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м пединститутым и лэжьыгъэр Налшык щызэтриублэжащ.
40 - 50 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутым и пащхьэ ита къалэн нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщщ егъэджакIуэкIэ IэнатIэр къызэгъэпэщыныр. ЕгъэджакIуэ 59-м ящыщу 11-рт еджагъэшхуэ степень зиIэр. Апхуэдэу зэтеубла хъуатэкъым щхьэхуэу адыгэбзэмрэ литературэмкIэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным и Iуэхури. Ар къалъытэри, институтым къыщызэIуахащ зэуэ IэщIагъитIым - адыгэбзэмрэ литературэмрэ, урысыбзэмрэ литературэмрэ - щыхурагъаджэ къудамэ, литературэмкIэ факультетым хэту. 1945 - 1968 гъэхэм абы и унафэщIу лэжьащ адыгэхэм ящыщу япэу филологие щIэныгъэхэм я кандидат хъуа АбытIэ Мухьэб. ЩIэныгъэлIыр я пашэу кафедрэм и лэжьакIуэхэм а илъэсхэм къыдагъэкIащ адыгэбзэр курыт, ищхьэ еджапIэхэм зэрыщрагъэдж тхылъхэр, программэхэр. АбытIэм и гуащIэшхуэ хэлъщ Моск- ва япэу дунейм къыщытехьа «Къэбэрдей-шэрджэс литературэбзэм и грамматикэ» (1957), «Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и псалъэгъэнахуэ» (1999) лэжьыгъэшхуэхэм. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри лъэпкъ филологием и хэлъхьэныгъэ инт, дауи.
Адыгэбзэмрэ абы и лъэпкъэгъу бзэхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр, я хабзэхэр, зыужьыкIэр джыным, лъэпкъ литературэм къикIуа гъуэгуанэр къэхутэжыным хуэунэтIауэ лэжьыгъэ щхьэпэхэр зэфIагъэкIащ Къардэн Бубэрэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэмрэ. 1945 - 1952 гъэхэм Къардэныр егъэджакIуэ нэхъыжьу, доценту, пединститутым и директору лэжьащ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ лъэпкъ бзэщIэныгъэм хэлъхьэныгъэфI хуэхъуа лэжьыгъэ куэд, псалъалъэ зэмылIэужьыгъуэхэри тхылъеджэхэм гукъинэж ящыхъуа художественнэ тхыгъэри хэту.
ЩоджэнцIыкIу Iэдэм егъэджакIуэфI къудейтэкъым, аращ ди литературэм лирическэ прозэм и лъабжьэр щызыгъэтIылъар. Абы и повестхэр лъэпкъ прозэм и нэхъыфI дыдэхэм хабжэ. Апхуэдэу ЩоджэнцIыкIум адыгэбзэкIэ къигъэпсэлъащ урыс, дунейпсо литературэхэм я классик-хэу Шекспир Уильям, Пушкин Александр, Есенин Сергей, нэгъуэщIхэми я художественнэ тхыгъэ нэхъыфIхэр. ЖыпIэнурамэ, а лъэхъэнэм кафедрэр хъуащ лъэпкъыбзэр, IуэрыIуатэр, литературэр джыным и центр нэхъыщхьэ.
Абы IэщIагъэлI Iэзэхэр щылэжьэну къащтэ, ар зыхыхьэ институтым аспирантури къыщызэIуах. А илъэсхэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ ирагъэджу кафедрэм щылэжьащ щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Урыс Хьэталий, Нало Ахьмэдхъан, Нало Заур, ХьэкIуащэ Андрей, нэхъ иужьыIуэкIэ абыхэм гъусэ къахуэхъужащ КIуащ Тамарэ, Тау Хьэзешэ, Тхьэбысым Сэмихь сымэ. Илъэс куэдкIэ адыгэбзэмкIэ кабинетым и унафэщIу лэжьащ Хьэгъэбанэ ХьэIишэт.
60 - 70 гъэхэрщ адыгэбзэмрэ литературэмрэ джыным ехьэлIа щIэныгъэ лэжьыгъэ нэхъыбэ дунейм къыщытехьар. Адыгэбзэм, IуэрыIуатэм, литературэм ехьэлIауэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куэд ягъэхьэзыращ еджагъэшхуэ цIэрыIуэхэу Урыс Хьэталий, Нало Ахьмэдхъан, ХьэкIуащэ Андрей, Тау Хьэзешэ, Къэмбэчокъуэ Iэдэм сымэ. ЩIэблэр егъэджэным, гъэсэным я зэфIэкI ирахьэлIащ кафедрэм щылэжьахэу Гъут Iэдэм, БакIуу Хъанджэрий, БищIо Борис, Абдокъуэ Iэуес, Иуаныкъуэ Нурбий, Къэмбэчокъуэ Риммэ, Шэру Хьэсен, нэгъуэщIхэми. Нобэ лъэпкъ бзэщIэныгъэм, литературэ щIэныгъэм я IэнатIэхэм къэхутэныгъэхэр щезыгъэкIуэкI ныбжьыщIэхэм я дежкIэ гъуазэу щытщ а нэхъыжьыфIхэм я монографиехэр, статьяхэр.
КъызэрызэIуахрэ мы гъэм илъэс 90 ирикъу адыгэбзэ кафедрэр дапщэ-щи хущIокъу лъэпкъым хуэщхьэпэн Iуэхугъуэ куэд зэфIэхыным, щIэныгъэ-къэхутэныгъэм, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ ехьэлIа ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрыгъэхьэным. Кафедрэм и лэжьыгъэм ноби щынэхъыщхьэщ щIэблэр егъэджэныр, къыхаха IэщIагъэм - «Хэку филологие» («Адыгэбзэмрэ литературэмрэ») - фIыуэ хащIыкIыу еджапIэ нэхъыщхьэр къегъэухыныр. Кафедрэм щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэри ирегъэкIуэкI. Абы и егъэджакIуэхэр, магистрантхэр, аспирантхэр лъэпкъ щIэныгъэм (бзэм, IуэрыIуатэм, литературэм) къэхута мыхъуауэ хэлъ Iуэхугъуэ гугъухэм йолэжь, зэпкърах, я къэлъыхъуэныгъэхэм кърикIуахэр къэралым къыщыдэкI щIэныгъэ журнал пажэхэм къытрырагъадзэ, дунейпсо утыкум кърахьэ.
Ди кафедрэр къызэгъэпэщащ бзэмкIэ, IуэрыIуатэмкIэ, литературэмкIэ щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIхэмкIэ. Дэ къытхэтщ бзэ щIэныгъэхэм я докторхэр, кандидатхэр, профессорхэр, доцентхэр, егъэджакIуэ нэхъыжьхэр. Зы илъэси къэмынэу ди егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм, зэфIэкIым щыхагъахъуэ курс зэмылIэужьыгъуэхэм. Апхуэдэу ахэр жыджэру хэтщ кафедрэм щекIуэкI щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэм. Ди лэжьыгъэхэр я утыку къыдохьэ щIэх-щIэхыурэ дызыхэт республикэпсо, къэралпсо, дунейпсо щIэныгъэ зэхуэсхэм. Абыхэм ящыщ куэд къытрадзэ Scopus, Web of Science библиографие, реферативнэ дунейпсо базэхэм хыхьэ щIэныгъэ журнал цIэрыIуэхэм. Абыхэм уи тхыгъэ къытрадзэн щхьэкIэ, абы щIэныгъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ еплъыкIэщIэ гуэр хэлъын хуейщ, ар къызыхэщ рецензэ купщIафIэри щIыгъужу.
Ди IэщIагъэлIхэм КъБКъУ-м иIэ къудамэ псоми я студентхэм адыгэбзэр, лъэпкъ тхыдэр, щэнхабзэр ирагъэдж; лъэпкъ художественнэ дунейр, адыгэ-абхъазыбзэхэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр къахутэ. Кафедрэм и егъэджакIуэхэр ядолажьэ Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм, адыгэхэр щыпсэу хамэ къэралхэм гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ щыIэ институтхэм, щэнхабзэмкIэ центрхэм.
Гъэсэныгъэ лэжьыгъэми мыхьэнэшхуэ щегъуэт кафедрэм. Ди егъэджакIуэхэр хущIокъу студент-щIалэгъуалэм зэхэщIыкI лъагэрэ гъэсэныгъэ дахэрэ егъэгъуэтыным; цIыху-гъэм и щапхъэхэр, гуп хэтыкIэ хабзэхэр, благъэми хамэми яхуэфащэ пщIэмрэ нэмысымрэ къагурыIуэу, Хэкур фIыуэ ялъагъуу, жылагъуэ, щхьэзакъуэ Iуэхухэр зэрагъэзэгъыфу егъэсэным.
Къыхэгъэщыпхъэщ ди республи-кэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэр къэзыухахэм ехъулIэныгъэ зэрыщаIэр. Мыбы и гъэсэнхэрщ нобэ щэнхабзэм, литературэм, СМИ-м я лэжьыгъэхэр зыунэтIыр. Ахэр жыджэру хэтщ экономикэми политикэми. Псом хуэмыдэу абыхэм я гуащIэ халъхьэ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм. Адыгэбзэ къудамэр къэзыуха егъэджакIуэхэм ящыщ куэд мызэ-мытIэу къыщыхэжаны-кIащ республикэпсо, къэралпсо зэпеуэхэм. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым пашэ щыхъуахэри мащIэкъым.
Мы махуэхэм ди къэралым щагъэлъапIэ Филологым и махуэмкIэ си гуапэу сохъуэхъу си лэжьэгъухэм, бзэщIэныгъэлIхэм, бзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэм, а щIэныгъэм зи гъащIэр епха дэтхэнэми. Жылагъуэм и пащхьэ хэхауэ жэуаплыныгъэ зэрыщытхьыр, лъэпкъми и псэр зыхэлъ и бзэр хъумэныр, зегъэужьыныр къалэн нэхъыщхьэу дызэриIэр тщымыгъупщэу, дызыпэрыт IэнатIэу ди псэм щыщ хъуар узыншэу етхьэкIыну, ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрыдгъэхьэну си гуапэщ. Лэжьыгъэм дыпэлъэщынымкIэ дэ диIэщ гъуазэ тхуэхъу нэхъыжьыфIхэр, ди ужьми къоувэ ныбжьыщIэ Iущхэр. А псоми фIэщхъуныгъэ къытхелъхьэ ипэкIэ дыплъэну, гъуэгу махуэ дызэрытетри хьэкъ къытщещI.