ЩIэныгъэ псоми къахэлыдыкI унэтIыныгъэ

Дунейм и къэхъугъэ нэхъыщхьэ дыдэщ бзэр. ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозы­гъащIэу щыIэр абыхэм я бзэращ. Дэтхэнэри зей лъэпкъым и гущIэм узэрынэсыфщ, и гуп­сысэ­хэм уазэрылъэIэсыф Iэмэпсымэщ, абы ­къикIуа гъуэгуанэм, игъуэта зыужьыныгъэмрэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ къызэрып­щIэф Iэмалщ. Бзэмрэ литературэмрэ елэжьхэр, а унэ­тIыныгъэмкIэ къэхутэныгъэ езыгъэ­кIуэкI­хэр, ахэр щIэблэм езыгъэджхэр, библиотекэ, газет, журнал лэжьакIуэхэр, зэдзэкIакIуэхэр - филологие щIэныгъэ зэзыгъэгъуэта IэщIагъэлI псори ­зэкъуегъэувэ дызэрыт мазэм и кIэуххэм ди къэралым щагъэлъапIэ абыхэм я махуэм.

Филологием щIэныгъэ унэтIыныгъэу Европэм зыщыщиужьар XVII лIэщIыгъуэращ. Бзэр, псалъэр фIыуэ лъагъун зэрыхуейр къыхагъэщу, жаIэрт а щIэныгъэр адрей псоми къахэлыдыкIыу, апхуэдэуи унэтIыныгъэ псори зэришалIэу, сыту жыпIэмэ дэтхэнэ щIэныгъэми щыгъуазэ узэрыхуэхъуфыр псалъэм, бзэм я Iэмалхэращи.
Урысейм «филологие» псалъэр шэщIауэ къагъэсэбэпу щыхуежьар XIX лIэщIыгъуэращ. Санкт-Петербург къэрал университетым 1850 гъэм къы­щызэIуахащ тхыдэ-филологие факультет щхьэхуэ. Абы къыкIэлъыкIуэу дунейм къытехьауэ щытащ «Введение в общую филологию» тхылъ цIэрыIуэр, къыдэкIыу хуежьащ «Филологические записки» щIэныгъэ журналыр. А журналыр япэу дунейм къыщытехьа 1860 гъэм къыщыщIэдзауэ бзэм къы­хыхьащ икIи зыщигъэбыдащ «филологие» псалъэм.
Зызыужь, ефIакIуэ, къэхутэныгъэ къызэрымы­кIуэхэр щекIуэкI филологие щIэныгъэм нэхъапэми хуэдэу, иджыри къызэщIеубыдэ лъэпкъым и щэнхабзэмрэ литературэмрэ, тхыдэмрэ бзэмрэ ехьэ­-лIа лэжьыгъэ унэтIыныгъэ псори. Филологхэм сыт хуэдэ лъэхъэни я къалэн нэхъыщхьэхэр ехьэлIащ дунейпсо тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ ятеухуауэ бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ятхауэ щыIэ псори джы­ным, а лъэпкъ фIыгъуэхэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэ­хъумэным.
БзэщIэныгъэм и махуэмкIэ ди гуапэу дохъуэхъу зи IэщIагъэкIэ, Iуэху зехьэкIэкIэ, гупсысэкIэ, гуры­щIэкIэ абы епхауэ гъащIэр езыхьэкI дэтхэнэми. Бзэр фIыуэ флъагъуу, псалъэм пкърылъ къарумрэ иIэ мыхьэнэмрэ зыхэфщIэрэ абы гурыфIыгъуэ къыфхуихьу фыпсэуну, зывузэщIыну!

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться:

Читать также:

24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ