Бзэмрэ псалъэмрэ ятеухуа жыIэгъуэхэмрэ псалъэжьхэмрэ

•Псалъэ бзаджэ губзаджэщlщ, гурыщхъуэ щIыныр хуэмыхугъэщ.
•Псалъэ бутlыпщам аркъэн кIэлъумыдзыж.
•Псалъэ дахэм гъущlыр къегъэш.
•Псалъэ дахэм пщIэ щIатыркъым.
•Псалъэ мышыур шхын мышыум хуэдэщ.
•Псалъэ щабэ гущабэщlщ.
•Псалъэ IэфIыр мэгъущlэри, псалъэ дыджыр мэщIытэ.
•Псалъэм псалъэ покIуэжри, удыным удын покIуэж.
•Псалъэм уемыплъ, къипсэлъым еплъ.
•Псалъэр куэдрэ жыпIэмэ, мэ щоу.
•Псалъэр куэдрэ бгъэныщкlумэ, IэфI хъужыркъым.
•Псэлъэрейм едэlуэгъуейщ.

Поделиться:

Читать также:

18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр