Заур

Къэхъуа

Ди къуажэр къуэм дэсщ. ГупэмкIэ къыщыт бгы фэхум и нэкIу дыгъэмыхъуэм гуэрэн-гуэрэнурэ ипхъа зей, къущхьэмышхейхэр къуажэм къыдоплъэ. ЩIыбагъымкIэ щыIэ ХьэнкIыргъуей мэзым къуалэбзухэм уэрэд къыщраш. Мэз цIыкIур тIууэ зэпызыупщI хуейм къуажэкхъэр итщ. Чыцэм къыхэплъ сын щхьэ плIимэхэм уи нэгу къыщIагъэувэж зызэман къуажэм дэсахэр. Къуажэкум ирикIуэ гъуэгу закъуэм ибгъукIэ зы псы цIыкIу къыщожэх. ГъащIэр и пIэм иткъым. Унэ зэтетышхуэм щеджэ сабий зэщыхуэпэкIахэм уаIуплъамэ, уогуфIэ. Ауэ сэ, зауэ зэманым къалъхуа сэ, сигу имыхуж сабиигъуэр си нэгу къыщIэувэжмэ, гукIэ зызогъэзахуэ сабийхэр зауэм щыхъумэн, мамырыгъэм щIэбэнын зэрыхуейр. ГукъэкIыжхэм сыхэтурэ ди пщIантIэм сыдохьэж.

… Зауэм дэкIа си адэм къигъэзэжакъым. Си анэри зыхэт къуажэ фызхэм хэт белкIэ, хэти гуахъуэкIэ колхоз хьэсэр къагъэбатэ, хэти жэмкIэ мавэ. ЦIыхухэр мэжэщIалIэщ. Шхын зи куэди дэсщ къуажэм, ауэ утрагъаплъэркъым. Ди адэ къуэш Хьэмырзи абыхэм ящыщщ. Абы дызэриблагъэм щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэ гуэрхэр, Хьэцацэ щыдэмысым деж, щилэжьи щыIэщ.

«ШыгъуэгумкIэ зы нартыху фалъэ низгъэувэнщи, фхьыи фшхы, ауэ зыми зыри жевмыIэ», - къыщыджиIи щыIэщ, мо и набдзэ IувышхуитIыр дригъэуей-къригъэухыу, къызэрыдэплъ щIагъуэ щымыIэу. Фызыр щыдэсым деж, дэ тщыщ куэбжэпэм фIигъэкIыркъым. Псом хуэмыдэу зытеплъэ мыхъур сэрат. Сыкъызэрилъагъуу, Заур еджэрт:

- КIуэ, мо зэфIэшар, мо КъалакIуэхэ я лэгъуп къэIубыжыр, пщIантIэм къыдумыгъэхьэу, зыхуейр жегъэIэ, ЦIунэ, - жиIэрти ар къызбгъэдигъэхьэрт.

Заур япхъу нэхъыжьым и къуэт. Я лъапсэм къранэнуи япIырт. Ар гъумэтIымэурэ си деж къэсырт, зы хьэлу Iыхьэ къысIэщIилъхьэрти сыкъиутIыпщыжырт.

Зы махуэ гуэрым лIыжьыр мэзым кIуати, Хьэцацэ дэкIыным сыпэплъэу хадапхэм махуэр щысхьащ. АрщхьэкIэ фызыр дэмыкIыурэ мэзакIуэри къэсыжащ. Хьэмырзэ выхэр щIитIыкIри, выгур Iэдэжу пщIантIэм дишэжащ. Ар телъыджэ къысщыхъуауэ, слъэгъуар Заур хуэсIуэтэжащ. Езым зыри къыщымыхъуу жиIащ:

- Уи гугъи уэ, дадэ пелуанщ. Абы зэ уэгъуэм и пыIэмкIэ мэл домбейр къреуд. Абы удэмыджэгу, - къысхуегъэщIагъуэ нэхъри.

- Iэу! АтIэ ар зи къарууагъыр Хьэцацэ щхьэ темыкIуэрэ? ИтIанэ фи деж сыныдигъэхьэнт, - къызжьэдэлъэтащ сэ занщIэу.

- Ар абы къарукIэ текIуэнут… Ауэ фызым езауэу и напэ трихыжын?! Абы жылэ псом пщIэ къыхуащI, унафэщIхэр къакIуэурэ къочэнджэщ, - жиIащ Заур, хэплъэурэ.

Заур илъэсипщI фIэкIа мыхъуми, дадэкъуапэ цIыкIут. Зэуэ нэщхъыфIэ къэхъужри къыпищащ:

– Председателым и шым сытесу сыкъэплъэгъуакъэ зэи?  Пщэдей правленэм некIуалIэ, узгъэшэсынщ, - жиIэри, щIэпхъуэжащ ар я дежкIэ.

ЕтIуанэ махуэм шым сызэрышэсынур си гурыфIыгъуэу нэху згъэщащ. Колхоз правленэм жьыуэ сынэсащ. Сыздэщысым сеплъурэ, шым зыгуэрхэр тетIысхьэурэ, Iуж-къыIулъэдэжурэ, Iуэху гуэрхэр зэрахуэрт. Шыр къыIуашэжа къудейуэ Заур абы Iэ дилъэну и натIэмкIэ щыхуэкIуэм, зыбгъэдигъэхьакъым.

- Др-р, пэхужь, мыр сыт, сыкъэпцIыхужыркъэ? – жиIэурэ едэхащIэу къыщекIуэкIым, ар къауэри, Заур ятIэ шыкъырым къыхидзащ. Сыбгъэдэлъадэмэ, и ныбэр иIыгъыу, зеIуантIэри, щылъщ. Ар къэзгъэтэджыну сыкъоIэ, ауэ сыпэлъэщыркъым. Сытми, зыкъищIэжри, сыдэIэпыкъуурэ къэтэджыжащ, гъуэгум дытекIри, куэбжэпэ гуэрым дытIысащ. Зи фэр шэхум хуэдэу пыкIа си ныбжьэгъум, бауэкIэщI хъуами, лIыгъэ хэлъу зиIыгъыурэ къызжеIэ:

- Умыгъ, хуэмыху, си напэр тумых… Ара лIыгъэу пхэлъыр! Сэ уэ куэдкIэ сыпщогугъ… Сэ сылIэмэ, сызыщумыгъэгъупщэ… ТIум ди пIэкIи дунейм укъытонэ…

- Сыт жыпIэр, уэ упсэунущ, ухъужынущ…

- Умыгъ, жысIакъэ, хуэмыху! ДыкъащIэ хъунукъым, зыкъысщIэбгъакъуэурэ дыгъэкIуэж.

ЗэрыслъэкIкIэ сыдэIэпыкъуурэ я унэм дынэсащ.

- ИIэ, атIэ, иджы, къуэш, узыншэу ущыт, - жиIэри ину щэтащ ар. – Мыр фи деж нажэмэ, - ищIащ абы и щхьэр Хьэцацэ дежкIэ, - шы къызэуауэ жумыIэ. ПщIэжыркъэ ар зищIысыр? ЯтIэ шыкъыр къыстехуауэ жытIэнщ, ахъумэ уэри уIэщIэкIуэдэнщ. Аращ-тIэ… Уэрэ сэрэ афIэкIа дызэрылъагъужынукъым, - къарууншэ хъуа и Iэ ижьыр си щхьэм мащIэу къыдилъэри, и нэпсым къызэпижыхьащ. Сэ си щхьэфэцым зиIэтащ, сымыхъейуэ си пIэм ситщ.

Блащхъуэр унэм къыщыщIэцIэфтым, сыкъыщIэпхъуэжащ. АрщхьэкIэ асыхьэту къыскIэлъысащ. КъыщызэупщIым, сыкIэзызурэ Заур дэрэ зэдухылIар жесIащ.

- АтIэ уэ шэ фIыцIэм ихьын лэгъуп къэIубыжьым сыту къыптемыхуарэт ар?! - жи.

- СщIэркъым, сэ къыстехуа мыгъуэми нэхъыфIт, - сыкъыщиудауэ согъ. АрщхьэкIэ абыкIэ игу къыпщIэгъунт. ФIейм хэувэ хуэдэ, къыщыдыхьэкIэ дрихьей и кIэр иIыгъыу дэжыжри, Заур сымаджэщым нигъэсащ.

ЕтIуанэ махуэм Заур дунейм ехыжащ. Абдежщ сэ япэу къыщысщIар лIэныгъэ зэрыщыIэр, дунейр цIыху куэдым къызэрелыжар. ЦIыхуфIи мыхьэнэнши зэрыщыIэр.

Псэужкъым нобэ Хьэмырзи Хьэцаци. Фыз бзаджэм дэкIуэдыжа лъапсэм иджы нэгъуэщI лъэпкъ исщ. АбыкIэ сыплъэхункIэ си нэр япэ зыхуэзэр Хьэцацэ дыкъимылъагъун щхьэкIэ бжыхь зэхуакум къыдригъэсауэ щыта бэрэжьейрщ. Абы зэримыпэсу щыта ди унагъуэр хъарзынэу допсэу. Аращ тепхынур мы дунейм.

Иуан Владимир.
Поделиться:

Читать также: