Зэхьэзэхуэхэр йокIуэкI

КъБР-м и Муслъымэн IуэхущIапIэм и жэрдэмкIэ республикэм и щIыналъэхэм щокIуэкI КъурIэн лъапIэм къеджэнымкIэ жэмыхьэт зэпеуэхэр.

Хэтхэм я ныбжьым елъытауэ, зэпеуэхэр Iыхьищу гуэшащ:

илъэси 7-м щегъэжьауэ 12-м нэс, 13-м щегъэжьауэ 24-м нэс, 25-м щегъэжьауэ 45-м нэс. КъурIэн лъапIэм нэмыщI, зэпеуэм хэтхэр зэпрагъауэ Хьэнэфий мэсхьэбым и тегъэщIапIэхэмкIэ. Мэкъуауэгъуэм и I-м ирихьэлIэу, зэхьэзэхуэхэр щызэфIэкIащ Май, КъалэкIыхь, Бахъсэн, Шэджэм, Тэрч щIыналъэхэм. КъэпщытакIуэхэм «къыхащыпыкIахэм» Iэмал яIэнущ республикэпсо зэхьэзэхуэм хэтыну.                                                     

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: