КъумпIыл Мурат и махуиплI зекIуэ

Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат зи пашэ гупышхуэ Тырку къэралыгъуэм щыIащ сату-экономикэ, щэнхабзэ-егъэджэныгъэ зэдэлэжьэныгъэхэр зэтраублэну, хамэщIым ис адыгэхэм хуаIэ  пыщIэныгъэхэр нэхъри ягъэбыдэну, хагъэхъуэну.

Iэтащхьэм и гъусащ АР-м и Министрхэм я Кабинетым хэтхэр, IуэхущIапIэ нэхъ инхэм я унафэщIхэр, Хасэ тхьэмадэхэр, Адыгэ къэрал университетымрэ Мейкъуапэ къэрал технологие университетымрэ я унафэщIхэр, «Налмэс», «Ислъэмей» къэрал ансамблхэр.
- Урысеймрэ Тыркумрэ я зэпыщIэныгъэр нэхъ быдэ мэхъу. Абы теухуауэ къэралыгъуитIми я Президентхэм Iуэху куэд зэфIагъэкI. Сэ къызолъытэ къэралитIым я зэгурыIуэныгъэр дяпэкIи гъэбыдэным мыхьэнэшхуэ иIэу, - жиIащ КъумпIыл Мурат.
Iэтащхьэм къыхигъэщащ Адыгеймрэ Тыркумрэ Iуэху зэдащIэным республикэр зэрыхуэхьэзырыр.
ЗекIуэр хуабжьу купщIафIэ хъуащ, Тыркум и къалищым зэхыхьэ, зэхуэзэ гъэщIэгъуэнхэр щекIуэкIащ. КъумпIылыр яIущIащ Тыркум сатумкIэ и министрым, Истамбылрэ Дюзджэрэ я Iэтащхьэхэм, Тыркум и Лъэпкъ зэхуэсым и депутатхэм, нэгъуэщIхэми.
Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэр яхуэзащ KAFFED, KAFDAV, KAFSAM, KAFiAD, DOSTLUK KLUBU жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм. А зэгухьэныгъэхэм Тыркум ис адыгэ мелуан бжыгъэ къызэщIаубыдэ. Анкара и Чанкае куейм зэIущIэ дахэ щекIуэкIащ. Ар къыщызэIуихым КъумпIыл Мурат жиIащ хамэ щIыналъэхэм ис адыгэхэр зэзыпх мыпхуэдэ Iуэху дахэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр. Апхуэдэуи нэхъыжьхэр гуапэу къазэрыпежьам, анэдэлъхубзэр, бзэр, тхыдэр яхъумэу нобэм къызэрысам щхьэкIэ фIыщIэ зэрахуищIыр жиIащ.
«Тыркум щыпсэу адыгэхэм Iуэхугъуэшхуэ зэфIах, - жиIащ Iэтащхьэм. – Тыркум и зыужьыныгъэм и сыт хуэдэ лъэныкъуи я гуащIэ халъхьэ, щыпсэу лъахэми, я адэжь хэкуми я фейдэ зыхэлъ Iуэхухэр къазэрыдэхъур хуабжьу ди гуапэщ. Къапщтэмэ, адыгэбзэм, щэнхабзэм, тхыдэм ехьэлIауэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр зыхуеинумкIэ дадэIэпыкъуну дыхьэзырщ».
КъумпIыл Мурат тепсэлъыхьащ Адыгэ Республикэм зиужьын папщIэ нобэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэр зыхуэдэм, хамэ къэралхэм щи­къухьа адыгэхэм яхуэгъэзауэ ящIэхэм. Апхуэдэуи игъэ­белджылащ Тыркум ис адыгэхэм хуаIэ зэпыщIэныгъэхэр нэхъри ирагъэфIэкIуэныр я мурадхэм ящыщ зыуэ зэрыщытыр.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Тыркум ит Адыгэ Хасэхэм я федерацэм и унафэщI Шекерджи (Мамхэгъ) Йлдыз. Абы федерацэм и Iуэху зытетыр жиIащ икIи Адыгейм и Iэтащхьэм фIыщIэ хуищIащ и лъэпкъэгъухэм зэрахуэзам папщIэ. ЗекIуэм и кIэух махуэм «Налмэсымрэ» «Ислъэмеймрэ» Истамбыл концертышхуэ щатащ.

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: