Къурагъ еупсей

Хабзэ

Адыгэм къыдекIуэкIыу щыта хабзэ хьэлэмэтхэм ящыщ зыщ «Къурагъ еупсей» жыхуаIэр. Иджыпсту ди нэхъыжьхэм я нэхъыбэм ар зэращIэжыр адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм и зы пкъыгъуэ цIыкIуущ. Ауэ пасэм щыгъуэ абы хьэгъуэлIыгъуэм пыщIэныгъэ хуиIакъым. Нэхъыбэу ар зэпхар атэлыкъым и къаныр щитыжырт, зэрыхабзэмкIи, езыр-езыру къызэрагъэпщрэ екIуэкIыу арат.
Ди нэхъыжь дыдэхэм зэрыжаIэмкIи, языныкъуэ тхыгъэхэм къызэрыхэщымкIи «Къурагъ еупсейм» и Iуэхур къызэрекIуэкIыр мыпхуэдэут. Зы куейм къедза жылэхэм, е зы псыхъуэхэм, е зыпщ и унафэ щIэт къуажэхэм зэгурыIуауэ зы махуэ хахырт балигъыпIэ иува я щIалэхэм (илъэс пщыкIух-пщыкIублым итхэм) я зэфIэкIымрэ хабзэ зэращIэмрэ ягъэунэхуну. Мыбдежым пщыти, пщылIти жаIэу, зэхэгъэж щыIэтэкъым. Хабзэр псоми зэращIэн хуейм ещхьу ягъэзэщIэнуи я къалэнт.
ЩIрагъэкIуэкIыр щIалэхэр арат. Абы я ныбжьым, илъэс пщыкIух-пщыкIублым уеплъмэ, ар ирихьэлIэрт атэлыкъхэм я къан тыжыгъуэм. НэгъуэщIу жыпIэмэ, къурагъ зраупсеин хуейхэм хыхьэрт атэлыкъхэм ятыж къанхэри. Абы къыщахутэрт дэтхэнэ зы атэлыкъым (быфыкъу адэм) и къаным хилъхьа хьэлымрэ ирита гъэсэныгъэмрэ. 
ЩIалэхм я зэфIэкIыр зэхагъэкIыну нэхъыжь гуп хахырт. Абыхэм яубзыхурт зэрагъэунэхуну Iуэхугъуэхэр: шы тесыкIэ, шы гъэджэгукIэ, шы игъэлъыкIэ, уанэ телъхьэкIэ, щIопщ IыгъыкIэ, нэхъыжь блэкIыкIэ, фIэхъус тыкIэ, хьэщIэ къегъэблэгъэкIэ, хьэщIэ егъэжьэжыкIэ, нэгъуэщI Iэджэхэри. ЩIалэхэр зэпрагъэуэнкIэ хъунут мывэ зэдадзу, дамэкъуэшэс зэдэджэгуу, хьэлъэ къызэдаIэту, нэщанэ зэдеуэу. Абы щыгъуэми нэхъыщхьэр нэхъ лъэщ дыдэр, хьэмэрэ нэхъ шэрыуэ дыдэр къащIэныр аратэкъым, атIэ псоми я зэфIэкIымрэ я къарумрэ зы пщалъэ гуэркIэ къахутэнырт. 
ЩIалэм ягъэзэщIэн хуейм хыхьэрт адыгэ хабзэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэри – щхьэгъэрытым и къалэнхэр, къуэдзэм ищIапхъэхэр, щыхьэкIуэ зэрыкIуэр, нэгъуэщIхэри. Абы щыгъуэми куэдрэ къэхъурт псалъэ гъущэкIэ тепсэлъыхьу зэфIамыгъэкIыу, зэращIэм, зэрахузэфIэкIым кIэлъыплъу. Апхуэдэ гъэунэхуныгъэхэр зэфIэкIа иужькIэ ахэр псори нэсу зыгъэзэщIэфахэм нэхъыжьхэм къурагъ ираупсейуэ арат, лIы ухъуащ, кърагъэкIыу. А щIалэхэм щхьэкIэ нэхъыжьхэм батырыбжьэ яIэтырт, джэгуакIуэхэм къебжэкIхэр зэхалъхьэрт, абы я шынэхъыжьхэр къехъуэхъурт, шынэхъыщIэхэр къехъуапсэрт. Псом нэхърэ нэхъыщхьэу ябжырт къурагъыр зраупсеям къурагъыбжьэ щратыр. Ар хабзэу мыхъумэ, фалъэм фадэу ит щыIэтэкъым. Апхуэдэу къурагъыбжьэ зрата щIалэм и адэ-анэм, и унагъуэм зэрыхузэфIэкIкIэ ерыскъы Iэнэ къищтэрти, нэхъыжьхэр игъэхъуахъуэрт, сабийхэри хамыну зыгуэрхэр хуаугуэшырт.
ГуфIэгъуэр джэгурэ къафэкIэ яухырт. Къурагъ зраупсея щIалэхэр, я адэ-анэ къилъхуауэ шынэхъыжь къэзымыша яIэми къамыгъанэу, мобы сыкъыдэфащэрэт, жыхуиIэ хъыджэбзым и гъусэу утыку къихьэну хуит ящIырт. А зэрат ахэр я шынэхъыжь пIэщхьагъыншэм къишэхункIэ, абы къалъагъуу джэгум къызэрыщыфэнур. Я шынэхъыжьым къиша иужькIэ ахэр хуит хъурт джэгу хыхьэну, къэфэну, къэуджыну. Арагъэну къыщIэкIынущ мы хабзэр хьэгъуэлIыгъуэм щIэкIуари, щхьэхуэу зэрахьэныр цIыхум щаIэщIэхужым.
 

 

МафIэдз Сэрэбий.
Поделиться: