УнафэщI къызэрымыкIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и унафэщI къулыкъур илъэс I3-кIэ зэрихьауэ, сымаджэ хъури, абы пэрыкIын хуей хъуат КIуэкIуэ Валерий Мухьэмэд и къуэр. Егъэлеяуэ политик Iущт, къэрал лэжьакIуэ лъэрызехьэт ар, лъэпкъхэм я зэхуаку зэныбжьэгъугъэ дэлъыным сыт щыгъуи и телъхьэт.
Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и къуэдзэу, УФ-м и Къэрал Советым хэту лажьэрти, къэрал мыхьэнэ зиIэ Iуэху куэд зэфIигъэкIырт. Апхуэдэ цIыху гуащIафIэм и пIэ къиувэнум цIыхубэр тепсэлъыхьырт, щIэупщIэныгъэхэр ирагъэкIуэкIырт, политикэм хэзыщIыкIхэри нэхъ пэIэщIэхэри тепсэлъыхьырт республикэм и тхьэмадэ хъунум.
Абы щыгъуэм куэдым и цIэр къраIуэрт Къанокъуэ Арсен Башир и къуэм. Ар КъБР-м фIыуэ къыщацIыхуат а зэманым. ЦIыхубэр щыгъуазэт Арсен хьэрычэтыщIэ къызэрымыкIуэу, псапащIэ жумарту, экономист Iэзэу зэрыщытым, абы къищынэмыщIауэ, Къэрал Думэм и депутатт, БюджетымкIэ комитетым и унафэщIым и къуэдзэт, псэукIэр егъэфIэкIуэным теухуа проект куэд гъащIэм хипщэну хунэсат, абыхэм ящыщ зыт Налшык къалэ дищIыхьа мэжджыт иныр. Апхуэдэуи цIыхухэм я лъэIу куэдым пэджэжат, хэт лэжьапIэ игъэуват, хэти и узыншагъэр зэфIигъэувэжынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хуэхъуат.
Къэрал Думэм къыдыхэт и лэжьэгъухэр Къанокъуэм щытепсэлъыхькIэ, къыхагъэщырт ар цIыху зэпIэзэрыту, и мурадым ерыщу хуэкIуэу, шыIэныгъэ хэлъу, дзыхь ебгъэз хъууэ зэрыщытыр. Абы къыхэкIыу, зым и дежкIи гъэщIэгъуэн хъуакъым УФ-м и Президент Путин Владимир абы и кандидатурэр диIыгъыу, Къанокъуэ Арсен Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президенту (Iэтащхьэу) игъэувыну къызэрыхилъхьар. 2005 гъэм фокIадэм и 27-м КъБР-м и Парламентым и III зэхуэсыгъуэм хэт депутатхэм даIыгъащ Къанокъуэр КъБР-м и Президенту щытыныр.
Къыхэгъэщыпхъэщ а лъэхъэнэр хуабжьу зэман гугъуу икIи хьэлъэу зэрыщытар. Республикэми къэралми социально-экономикэ Iуэхухэм епха гугъуехь куэд щыщыIэт. Ди хэгъэгум исхэр игъэпIейтейрт улахуэр зэрымащIэм, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм и Iуэхутхьэбзэхэр зэрылъапIэм, лэжьапIэншэр зэрыкуэдым, ди лъахэм Iулъхьэ зэрыщызекIуэм, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIахэмрэ дин зэмыщхьэхэр зезыхьэхэмрэ зэрызэпэщIэувэм, нэгъуэщI гугъуехьхэми.
КъБР-м и Iэтащхьэр и къулыкъум зэрыпэрыхьэрэ махуэ I5 фIэкIа дэмыкIыу, псоми я гум къинэжа щIэпхъаджагъэ иныр Налшык къыщыхъуащ. Социологхэм, политологхэм, политтехнологхэм, тхыдэджхэм иджыри зыкъомрэ зэпкърахынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и иджырей тхыдэм къыхэна а Iуэху гуузыр. Иджыри къыздэсым гурыIуэгъуэкъым ар къэхъун хуей щIэхъуа щхьэусыгъуэмрэ къызыхэкIамрэ.
ЩIэныгъэ куу зиIэ, Плехановым и цIэр зезыхьэ институтым и дипломыр зыIыгъ, экономикэ щIэныгъэмкIэ доктор, Iулыдж зиIэ политик, ди хэгъэгум и социально-экономикэ щытыкIэм фIыуэ хэзыщIыкI щIалэр зэман куэд хуейтэкъым и лэжьыгъэм хэгъуэзэн папщIэ. ЩытыкIэр занщIэу зригъащIэри, щIалэгъуалэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, цIыхубэ зэщIэхъееныгъэхэм, пщIэ зиIэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэм яхуэзэу щIидзащ. Абы фIыуэ къыгурыIуэрт жэпуэгъуэм къэхъуа Iуэхум цIыхухэм яридза дыркъуэр икIэщIыпIэкIэ гъэхъужын зэрыхуейр, абы папщIэ псэукIэм, экономикэм я зыужьыныгъэр япэ зэригъэщыпхъэр. Апхуэдэ зэIущIэхэм и Iуэху еплъыкIэхэр зэпкърыхауэ къыщиIуатэрт Къанокъуэм, экономикэр зэрыхуа щытыкIэм къызэрыришыну Iэмалхэр яхузэпкърихырт. ЦIыхухэри я гуапэу едаIуэрт унафэщIыщIэм. Езым зэрыжиIэмкIи, апхуэдэ зэIущIэхэм дерс, гупсысэ куэд къыхихырт, дяпэкIэ зэлэжьыпхъэхэмрэ япэ игъэщыпхъэхэмрэ ятеухуауэ.
ЩIыналъэм и унафэщI хъуа нэужь, абы быдэу зыхуигъэувыжащ псэукIэр егъэфIэкIуэнымрэ мамырыгъэр гъэбыдэнымрэ и къалэн нэхъыщхьэ дыдэу зэрыщытыр.
Къыхэзгъэщыну сыхуейт Iэтащхьэм лэжьэн зэрыщIидзэу къыхукъуэкIа оппонентхэм къагъэув лъэпощхьэпохэм Къанокъуэ Арсен пщIэрэ щхьэрэ иIэу зэрыблэкIыфар, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ къулыкъур Iулыдж иIэу зэрызэрихьар. Абы щыхьэт тохъуэ 2006 - 20I3 гъэхэм ди хэгъэгум экономикэм, псэукIэм ехьэлIауэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэ бжыгъэншэхэр. Мис а лъэныкъуэри зы Iуэхугъуэ хэхауэ зэпкърах хъунущ тхыдэджхэмрэ экономистхэмрэ.
Къанокъуэ Арсен лъэныкъуэ куэдым зэрыхуэIэзэм, социально-экономикэ унэтIыныгъэмкIэ аналитик ехьэжауэ зэрыщытым щыхьэт сытехъуэу сэ нэхъ спэгъунэгъу егъэджэныгъэ унэтIыныгъэм абы щызэригъэзэхуа IуэхухэмкIэ щапхъэ куэд къэсхьыфынущ. Ар и къулыкъум пэрытыху школакIуэ мини 8, зи школ кIуэгъуэ мыхъуа сабий 850-рэ зыщIэхуэ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэ 20 республикэм щащIащ. Къанокъуэм КъБР-м и Правительствэм пщэрылъ щищIа къалэнхэм япкъ иткIэ, зы илъэсым школищ ящIырт. Дэтхэнэри иджырей мардэхэм изагъэ унэлъащIэкIэ къызэрагъэпэщырт, егъэджэныгъэм къыщагъэсэбэп Iэмэпсымэ псори щIэлъу ятырт. Лабораторэхэм, шхапIэхэм, спорт пэшхэм, щрагъаджэ классхэм, технологием хухэха пэшхэм къыщагъэсэбэпыну псори щIэлът, лэжьыгъэм хуэхьэзырт.
А илъэсхэм КъБР-м и егъэджэныгъэ ухуэкIэр жыджэру хыхьащ Урысей Федерацэм къыщыхалъхьа проект II-м щыщу 9-р хэгъэгум щыгъэзэщIэным икIи къехъулIащ.
Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Къанокъуэ Арсен Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэу лэжьэху ди хэгъэгум лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуащ УФ-м и Президент Медведев Дмитрий, ар Налшык къалэ дэт курыт школ №3I-м тшауэ щытащ. КъБР-м и курыт школхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ мызэ-мытIэу щыIащ УФ-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Фурсенкэ Андрей, абы и къуэдзэхэр илъэс къэси къакIуэрт. КИФЩI-м и мызакъуэу, УФ-м и хэгъэгу псоми я министрхэр щIэх-щIэхыурэ къытхуеблагъэрт.
Апхуэдэ хьэщIэхэм Къанокъуэр щIахуэзэр и къулыкъум къыщищI къалэнратэкъым, атIэ сыхьэт бжыгъэкIэ ябгъэдэсыфынут, епсэлъэнут, сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я гъэсэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ ехьэлIауэ щыIэ хэкIыпIэхэмрэ Iэмалхэмрэ зригъащIэу. Егъэджэныгъэ ухуэкIэр Урысейм къыщызыгъэщIэрэщIэжа хэгъэгу I2-м яхэтт Къэбэрдей-Балъкъэрыр. Фурсенкэ и гуапэу къыхигъэщырт Къанокъуэр зиужь ит Iуэхухэр - школыщIэхэр зэриухуэр, школыжьхэр зыхуей зэрыхуигъэзэжыр, егъэджакIуэхэм я улахуэр и чэзум зэраIэрыхьэр, ар нэхъыбэ хъун папщIэ IэмалыщIэхэр къызэригъэсэбэпыр, бзитIыр зэгъусэу егъэджыным зэрителъхьэр, нэгъуэщI куэди.
Сэ а Iуэху псоми я курыкусэм сыхэтащ. Къанокъуэм и унафэкIэ республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр къулыкъур 2006 гъэм щегъэжьауэ 20I3 гъэ пщIондэ есхьэкIащ. ПцIы хэмылъу, дызыхунэмыса Iуэхуи, ди къару къимыхьа гуэрхэри щыIащ. А гугъуехьхэр иджыри щыIэщ…
 20I3 гъэм, илъэси 8-кIэ КъБР-м и Iэтащхьэу лэжьауэ, и къулыкъум текIащ Къанокъуэ Арсен Башир и къуэр. Абы иужь иту, 20I3 гъэм дыгъэгъазэм и I9-м сэри си къулыкъум сытекIащ. 20I4 гъэм и фокIадэ лъандэрэ Къанокъуэр сенатору мэлажьэ, къыдэлажьэхэм пщIэшхуэ къыхуащIрэ и цIэр ялъытэу.
20I8 гъэм и шыщхьэуIум ар ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и Президенту хахащ. Сыт щыгъуи хуэдэу жыджэру, гупсысэ купщIафIэхэмкIэ къулейуэ, лэжьэным и гур хузэIухауэ пэрыхьащ ар а къулыкъум икIи икIэщIыпIэкIэ иужь ихьащ «зи псэр хэкI» жылагъуэ академиер къэгъэпсэужыным. ЩIДАА-м и дэфтэрхэр зыхуей хуэгъэзэным деж щригъэжьэри, УставыщIи зэрагъэпэщащ, «Доклады АМАН» журналри къыдэкIыу зэтриублэжащ, щIалэгъуалэр дуней псом щынэхъыфI еджапIэхэм игъакIуэу щIидзащ, академием дунейпсо мыхьэнэ иIэ ищIыжащ, тхыдэмкIэ, филологиемкIэ, экологиемкIэ, социологиемкIэ лэжьыгъэ купщIафIэхэр ягъэхьэзыр хъужащ.
Абы зэи гулъытэншэ ищIыркъым ЩIДАА-м и Президиумым и зэхуэсхэм къыщаIэт сыт хуэдэ Iуэхури. Ахэр гъэзэщIа хъуным кIэлъыплъу, дэтхэнэ Iуэхуми и псалъэрэ и гуащIэрэ хилъхьэу, хъеррэ фейдэрэ лъэпкъым, хэкум къызэрыхуихьыным пылъу апхуэдэщ.
Къанокъуэ Арсен Башир и къуэм дохъуэхъу узыншагъэ быдэ, гъащIэ дахэ, унагъуэ насып щымыщIэу иджыри куэдрэ псэуну, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысей Фыдерацэм гуащIафIэу иджыри куэдрэ яхуэлэжьэну.

Щхьэгъэпсо Сэфарбий, биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и действительнэ член,ЩIДАА-м и щIэныгъэ секретарь нэхъыщхьэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу