Уасэр къэувыIэнкIэ хъуну?

ЕрыскъыхэкIхэм къакIэлъыкIуэу, цIыхур нобэ зыгъэпIейтейр псэуалъапхъэхэмя уасэр зэрыдэкIуейрщ. Урысейм и аналитикхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, дызыхуэкIуэ зэман гъунэгъум щытыкIэм зихъуэжынуи къыщIэкIынукъым - пIалъэ дэкIын хуейщ.
- НэгъуэщI къэралхэм псэуалъапхъэу къитшу щытар арыншами зэрыхъур процентий - пщIы къудейти, абыхэм я пIэм къидгъэувэнумкIэ гугъуехь лей дыхэтын хуейкъым. Ди къэралым и куэдщ пшахъуэри, цементри, мывэкIэщхъри, гъущI - бетон пкъыгъуэхэри, - къызэпхагъэIукI Урысейм УхуэныгъэмкIэ и министерствэм и щIэныгъэлIхэм. Абы пцIы хэлъкъым, арщхьэкIэ иджы унэ зэраухуэ Iэмалхэм тепщIыхьмэ, дауи, ахэмкIэ Iуэхур зэфIэкIынукъым. КъимыдэкIэ, ди ухуакIуэ компаниехэр зыхуеину пкъыгъуэхэр ди къэралми щагъэхьэзырырт, ауэ абыхэм япкърылъ пкъыгъуэхэм ящыщ куэдыр нэгъуэщI щIыпIэ кърашын хуей хъурт.
- Абы бгъэщIэгъуэн хэлъкъым - дунейпсо экономикэр тещIыхьащ лэжьыгъэр зэхуэгуэшауэ Iуэху зэдэщIэным. Дэ ди къэралми езым и закъуэ зыкъиухъуреихьыжу псэуным теухуауи щытакъым. Зыри пэплъакъым нобэ къыдащIылIа санкцэхэми. АтIэ къытхуэнэр зэрытхузэфIэкIкIэ нэгъуэщI къэралхэм къыщыщIагъэкI хьэпшыпхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ я пIэм иувэн дэ езым зэрыдгъэхьэзырыным ди зэфIэкI псори етхьэлIэнырщ, - етх абы пэджэжу «Версия» газетым и корреспондент Нижегородская Татьянэ.
Иджыблагъэ ди къэралым и IэщIагъэлIхэр Узбекистаным кIуэри абы къыщыщIагъэкI лифтхэм я фIагъыр зыхуэдэр зрагъэлъэгъуащ. Зэман гъунэгъум абыхэм пIалъэкIэ зэгурыIуэныгъэ иращIылIэнкIи хъунущ. Урысейм а лифтри щамыщIу аракъым, Iуэхур къэзылъахъэр абыхэм япкъырылъ пкъыгъуэхэм я зы нэхъ мащIэ дыдэр нэгъуэщI щIыпIэ щагъэхьэзыру къыщIэкIынкIэ зэрыхъунурщ. Псори хьэзыру Узбекистаным къыщащэхуныр ди къэралымкIэ нэхъ фейдэуэ щытынкIи мэхъу.
Мыбдежым къэлъытапхъэщ къыддэлэжьэну хуейуэ санкцэ къыдэзымыщIылIа дэтхэнэ зы къэралми, дуней псом щекIуэкIым тещIыхьауэ, къыдащэ псори зэригъэлъэпIэнур. Ар нобэ къэунэхуа хабзэкъым, щхьэж и фейдэ къелъыхъуэ.
Мы зэманым нэхъ щIэупщIи зиIэу зи уасэри хуэдиткIэ хэхъуахэм ящыщщ унэ лъэгухэм иралъхьэ плиткэ тецIыукIхэр. Дуней псор абыхэмкIэ иджыпсту зыгъэнщIыр Тыркурщ. Ар ауэ къэгъэнауэ, нэхъ пуд дыдэу къалъытэ керамогранит плиткэм и метр зэбгъузэнатIэр сом 500 и уасэу щытамэ, иджыпсту ар 800-м щIегъу. Аращи, ятIэ гъэжам къыхащIыкI плиткэ зэщIэпщIыпщIэхэр къыщIэгъэкIыныр нобэ - ныжэбэ зэтраухуэнщ жыпIэныр щхьэгъэпцIэжщ.
Совет лъэхъэнэм щыIа плиткэ къызэрыгуэкIхэр жаIэмэ, ахэр гъунэжу къыщIагъэкIыфынущ. Ауэ дахэм еса цIыхур абыхэмкIэ еплъэкIыжыныр фIэщщIыгъуейщ. Къэнэжыр къэунэхуа уасэщIэхэм зэкIэ зрагъэзэгъынырщ.
Псэуалъапхъэ къыщIэзыгъэкIхэм я Iуэху зытетым къанэ щымыIэу епхащ ахэр щащэ тыкуэнхэр. ХуэдиткIэ хэхъуащ гъущIыфIым къыхэщIыкIа пхъэххэм, дрельхэм, Iэдэ – уадэхэм я уасэм. Нэху къекIмэ къапэплъэр зымыщIэ сатуущIэхэм уасэр щIэх - щIэхыурэ яхъуэжын хуей мэхъу, щэхуакIуэр щыту щызэчэнджэщыжи къыхэхуэу. Зы зэман кIуэнущ апхуэдэу, итIанэ и пIэм ирагъэувэжынщ.
 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: