IэщIагъэмкIэ гъуазэ яхуэхъуу

Егъэджэныгъэ

Хьэмдэхъу Башир и цIэр зэрихьэу Старэ Шэрэдж къуажэм дэт мэкъумэш колледжым иджыблагъэ Iуэху щхьэпэ щекIуэкIащ. ЕджапIэм и унафэщIхэм къызэрагъэпэща джэгу-зэпеуэм хэтащ Аруан, Лэскэн, Шэрэдж щIыналъэхэм я курыт еджапIэхэм щIэсхэр.

Колледжым, хабзэ дахэ щыхъуауэ, илъэс къэс мы джэгу-зэпеуэр щызэхашэ.
- Ди еджапIэр зыхуэдэм гу лъедгъэтэну, дгъэхьэзыр IэщIагъэлIхэм пщIэ зэраIэр дгъэлъэгъуэну къыдогъэблагъэ курыт еджапIэр къэзыуххэр, - жиIащ колледжым и унафэщI Сэхъурокъуэ Анатолий. - Согугъэ нобэ фызыхэтыну джэгу-зэпеуэм фи нэгу зригъэужьыну, гъащIэ гъуэгуу хэфшынуми фригъэгупсысыну.
ЕджакIуэ 300-м щIигъу зыхэта джэгу-зэпеуэм щытекIуащ Псыгуэнсу къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м къикIа гупыр. Абыхэм иратащ ксерокс зыщI Iэмэпсымэрэ фIыщIэ тхылърэ. КъищынэмыщIауэ, зэпеуэм хэта ныбжьыщIэхэм щыхьэт тхылъхэр хуэгъэфэщащ, Старэ Шэрэдж курыт еджапIэ №2-мрэ Лэскэн щIыналъэм и зы школрэ саугъэт щхьэхуэхэмкIэ къыхагъэщхьэхукIащ Iуэхум жыджэру зэрыхэтам папщIэ.
Зэпеуэм кърихьэлIат КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI Агъырэ Светланэ, Аруан щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Атэлыкъ ФатIимэ, егъэджэныгъэмкIэ Лэскэн щIыналъэ управленэм и лIыкIуэхэу Едгъул Залинэрэ Дэлэл Ритэрэ, нэгъуэщIхэри.
КупщIафIэрэ нэгузыужьу екIуэкIа джэгу-зэпеуэр, хэт ищIэрэ, ныбжьыщIэ гуэрхэм яхуэхъунри хэлъщ гъащIэ гъуэгум тезышэн лъагъуэ. Дэтхэнэ зыми и зэфIэкIхэр щигъэунэхуфыну къызэгъэпэща зэIущIэм удимыхьэхынкIэ Iэмал имыIэу екIуэкIащ. Бжьыпэр зыубыдар къагъэнэхуа нэужь, Iуэхум концерткIэ пащащ.

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: