ЛIы и Iуэхуу хэкум ирищIыхьар

Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, КъардэнгъущI Зырамыку къыфIащауэ щытащ ди республикэм и цIыхубэ артист цIэ лъапIэр. Сэ фIыуэ къызгуроIуэ апхуэдэр къэзымылэжьам фIащ зэрымыхабзэр. ИтIанэми «цIыхубэ», «щIыхь зиIэ» псалъэхэр зыпыт цIэ лъапIэ зезыхьэ псори схузэхуэгъэдэнукъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Зырамыку хуэдэ закъуэтIа­къуэхэр (цIэ лъапIэ хуагъэфэщауи хуамыгъэфэщауи щрет), псоми къахощхьэхукI я IуэхущIафэмкIи, а Iуэху зыбгъэдэтыр лъагэу зэраIэтымкIи.

 

ИЛЪЭС 70-м нэблэгъауэ а лIы щэджащэр ди лъэпкъ щэнхабзэм хуолажьэ, илъэс 60 хъуауэ адыгэ щы­псэу щIыпIэ къимыгъанэу уэрэдыжьхэр, хъыбархэр, псалъэжьхэр зэхуехьэс, зэхуехьэсри тхылъу къыдегъэкIыж. Илъэс 50-м щIигъуащи, абы и уэрэд жыIэкIэр цIыхубэм ямыужэгъуу, щIэщыгъуэр имыкIыу, едаIуэр псэкIэ ихьэхуу къоIу.
Сэ сщIэркъым Тхьэуэ дыкъэзыгъэщIам Зырамыку и натIэ къритха мыгъуагъэ къомыр тIэкIу хигъэ­гъуэщэжын щхьэкIэ гъуазджэр гуэдзэ къыхуищIами, «фIы куэдыIуэ лъысащ» жиIэу, щIегъуэжу лъэпощхьэпо хэмыкI ищIыжами. Ауэ сщIэр зыщ: КъардэнгъущIыр зымыцIыхухэм «Зи насып!» жаIэ. Ауэ абы и гъащIэр къызэрекIуэкIам нэхъ кууIуэу щыгъуазэхэм: «Къардэн-гъущI - къудейкъым, гъущI дыдэщ, апхуэдиз щишэчакIэ», - дыщIагъуж.
Гукъеуэ мащIэ илъэгъуакъым, и нэхъыжьи и нэхъыщIи зэкIэлъыкIуэу зыбжанэ щIилъхьэжащ, и Iэпкълъэпкъым узыфэ къыхыхьати, абыи ебэныфащ. А псор зыщIэ языныкъуэхэм «ИтIанэми уэрэд жеIэф!» - ягъэщIагъуэ. Ауэ, сэ къызэрысфIэщIымкIэ, а уэрэдхэр, хъыбарыжьу зэхуихьэсыж къомыр мыхъуатэмэ, Зырамыку къытехуа хьэлъэр хуэмышэчынри хэлът.
Зэгуэр зэман къэхъунущ, «Ар сытым щыгъуэт щыщыIар?» - щIэупщIэмэ, «КъардэнгъущI Зырамыку и зэманым», - жаIэу жэуап ятыжу. Мис абы щыгъуэ цIыху къызэрыгуэкIым и пщалъэу щытынур Зырамыку хуэдэхэр зэралъытэу щытарщ. Нобэ зи цIэр ву куэдым я цIэхэр кIуэдыжынурэ, хьэрэмыгъэкIэ зэзылъэфэлIари къыздикIам кIуэжынущ. Къэнэнур лIы и Iуэхуу хэкум иращIыхьарщ, лъэпкъым хуащIэрщ. Ди зэманым Андемыркъан и хъыбарыр къызэрысам хуэдэу, нобэ фIы зыщIэм и хъыбарымрэ и Iэужьымрэ мыкIуэдыжу къэнэнущ. Апхуэдэщ Зырамыку и макъ телъыджэр, абы итхыжа тхылъхэр, и IуэхущIафэ дахэр. Нобэ а лIы щыпкъэм уеплърэ узэплъыжмэ, уэ къызэбнэкIынури къэпщIэнущ.

Сурэтым: Зырамыку Мейкъуапэ щохьэщIэ. Ар бгъэдэсщ СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, тхакIуэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэ КIэрашэ Тембот. 1956 гъэ

ГЪУТ Iэдэм. 2008 гъэ
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ