УзиIэщ уэ, бгъэнэхуу си пщэдейр!

 

ДЫГЪУЖЬ  ФуIэд

Уз

Уз Iеищэ къызоуз,
Къызоузри - сегъэгыз.

Пхъэхым хуэдэу сызэпех,
КъысхыхьэхукIэ сегъатхъэ.

Къызэузми, си гуапэщ,
СрищIыкIми, сфIэлъапIэщ.

Уэ си узу, бетэмал,
ХыумыгъэщIыт зы мэскъал.

Адыгэ псоми еуалIэ,
Псори зы щIыпIэ ешалIэ.

Уеуз хъумэ - заIэтынщ,
Уи хущхъуэгъуэр къагъуэтынщ.

Гъуэгу нэхъыфIым дытепшэнщ,
МыхъумыщIагъэм дыхэпшынщ.

Сэ си узыр хэт къищIэн?
Си щэхуфIыр къыздищIэн?

Адыгагъэрщ къызэузыр,
ЦIыху пэжагъырщ сэ сызысыр.

ЗэрыцIалэми си узыр,
Сыхъужынут зэуэзэпсэу:

Си лъэпкъ мащIэр зы хъужамэ,
Iуащхьэмахуэ тлъагъужамэ!

Сирие, Хъышней

ИНЭМЫКЪУЭ  Мулид

Сыхэт сэ?

Тырку щIыналъэм сыщыпсэумэ,
Си лъэпкъыцIэщ «тырку»,
ХьэрыпыщIыр лъахэ схуэхъумэ,
Сэ къысфIащ «хьэрып».

Iуэхуу щыIэм я нэхъыкIэр
Куэдрэ къызапэс.
Псалъэу щыIэм я нэхъ жагъуэр
Сэ къызадз: «Хэхэс».

Сыщыпсэуми къэрал Iэджэм,
Сэ сыхъуащ хэкуншэ.
Я дэ ди Тхьэ, Хэку зимыIэр
Сыту насыпыншэ!

*   *   *

Гъуэгуанэ жыжьэ къыспреплъэ куэдрэ,
Гъуэгуанэр, хуеймэ, куэдрэ ирекIэщI.
Си лъахэ дыщэм сыхуэзышэм нэхърэ
Нэхъ лъапIэ сэркIэ щыIэкъым нэгъуэщI.

Ар гъэгъэнщ

Бейщ си лъахэр дыгъэ бзийкIэ.
Дыгъэ бзий щыIэху,
Хъункъым лъахэр нэхъ тхьэмыщкIэ.
Ар гъэгъэнщ кIуэтэху.

Iуащхьэмахуэ зиIэтауэ
ЕщI Iэдакъэжьауэ,
Поплъэ Iуащхьэр си лъахэгъухэм
Илъэс Iэджэ хъуауэ.

Мазэ цIыкIум дыщэ бзийкIэ
Лъахэ псор щIегъанэ...
«УмыкIуэж» къызжеIэ мазэм,
Мазэм ещI гукъанэ.

Хуэзэшынкъым псэр хамэщIым,
Хьэкъыу мэхъу си фIэщ.
Хъуащ мы си гум махуэ къэскIэ
ГурыфIыгъуэ хуэщ.

Уэсэпс ткIуэпскIэ пщэдджыжьыпэм
Удз гъэгъар мэгъуэг...
Хэку дахагъэм нэху щыхункIэ
Псэ ешар щIобэг.

Тырку, Анталие

ЯФIЭУНЭ  Абдул

ГущIэгъу

Хэхэс гъащIэ еруугъэм
Зэкъуэт ищIащ ди адыгэр,
Пагэу Iумпэм щымыIэным
ЕIэт цIыхухэм я цIыхугъэр.
Псынэм псынэ щыхэлъадэм,
Псышхуэ хъуауэ зеукъуэдий.
Ди гущIэгъум гущIэгъу хэхуэм,
Дэхуэхынкъым ди лъхудий.

Иордание, Сыуелыхь

КЪАРДЭН  Дурие

*   *   *

Си Шэрджэсым сщIэркъым згъэзэжынуми,
Ауэ сыхуогуфIэ зиужьыху.
Сэри сщIэркъым гъащIэу къэзгъэщIэнури,
Сэ си хэку симысми, ар си жьыхущ.

Ихьэкъым тхьэкIумэм ди жагъуэгъухэм
Адэжь лъахэм пцIыуэ хузэхалъхьэр.
Дэ дызимыщIасэхэр къыдогъухэр,
«Лъэпкъ кIуэдыжыр» бэкъуэхукIэ къытпалъхьэу.

Пэжщ, гугъуащ, Шэрджэс, уи гъуэгуанэр
ГъэпщылIакIуэ бзаджэхэр щыIэху,
Ауэ теткъым дэ ди щIыфэ гуанэ,
Хэку телъыджэ хуитыр щIым тетыху.

СщIэркъым сэ гъуэгуанэу зэпысчынур...
Махуэ къэси лэжьакIуэ сыкIуэху,
Гъуэгу сытетщи сэ дэзмычыхыну,
Си щIыналъэм зэ сеуэлIэжыху.

Гугъэм сынэмысу сукIуриймэ,
Си мурадыр ныпу къаIэтынущ.
ЩаIыгъынщ гъуэгуанэм ди сабийхэм,
А мурадыр зым ирамытынущ.

Тырку, Анкара

ЕХЪУЛIЭ Хьэний

Iуащхьэмахуэ

Iуащхьэмахуэ игу къыщежьэу
Псышхуэ уэрхэр мэпIейтей.
Хыр здэщыIэм яунэтIауэ
Йожэх, къафэу ислъэмей.

Дэнэ кIуэми лъахэ фащэу,
Хабзэ дахэр къыздрахьэкI.
Дэнэ псыми хэмыгъуащэу
Ахэр къофэ ислъэмей.

Пшэм щылыду уэгум итхэр
ПфIэмыщI вагъуэу удэплъейм.
Ахэр лъахэм и ткIуэпс дыщэу
Ноби къофэ ислъэмей.

Къохыж уэшхыуи дэни носыр
Iуащхьэмахуэ ипс пIейтейр,
ЩIылъэ псоми ялъоIэсыр
Ди къэфэкIэу ислъэмейр.

Хыуэ щыIэм ухэплъамэ,
Хыболъагъуэр толъкъун уейр,
Нэхъ еплъыIуи - къэплъагъунущ
Къызэрыфэр ислъэмей.

Иордание, Уадисир

АНСЫКЪУЭ  Зулфикъар

Си сабиигъуэм и уэрэд

Си гуапэщ жэщ къэсыху слъагъуну пщIыхь, -
А пщIыхьхэм хэту щытмэ Къэбэрдейр.
КъысфIокIри си бгъэм, си гум къелъэтыхь.
КIуэжынт, лъэкIамэ, си хэкужь пщэдей.

Каир, Дамаск, Амман сэ сыщыдэткIи
ЩызгъафIэр си гупсысэхэм уэращ.
А къалэхэр щрырет фIы дыдэу хэткIи -
Хэхэсу гъащIэр ахэм сэ щысхьащ.

Сэ Истамбыл бэзэрым сфIэфIщ сыкIуэну -
Щызэхызох абы «ФIэхъус апщийр».
Апхуэдэм деж си нэпсхэр къысфIекIуэну
Хьэзыр сыкъохъу, сыхуэдэу сэ сабийм.

«Упсэу апщий!» - стыжамэ сэ жэуапыр,
Си адыгагъэм си щхьэр сегъэIэт.
Хэкужь къикIахэм сокъуз я Iэр гуапэу,
ЗащызмыгъэнщIу куэдрэ сабгъэдэтщ.

Апхуэдэм деж Босфорым техьэ пшагъуэм
Полъэщыр си гум дыгъэ къыщепсар.
Сыпхоплъри пшагъуэм, сэ солъагъу си ва­гъуэр -
Си Iуащхьэмахуэ щыгу щызэщIэнар.

Си сабиигъуэм и уэрэд мыр хъуауэ,
КъыздызохьэкI сIурылъу: «Къэбэрдей,
Си дуней, си дуней...». Тхьэр къызэхъуэхъуауэ
УзиIэщ уэ, бгъэнэхуу си пщэдейр!

Тырку, Сивас

СТАЩ Издин

ЩIыхьышхуэ пхузощI

Сэ хамэщIкъым сыкъызыхуалъхуар -
Сэ къыспоплъэ адыгэу си къуэшхэр.
ИIэт, маржэ, фIэт дамэ гуэхуар,
Ди анэшхуэм и нэпсщ дэ къыттешхэр.

Гъуэгур кIыфIым хыхьэу тфIэкIуэдам,
ДиIэр дэ зы закъуэщ гъуэгугъэлъагъуэу -
Адыгэ быдзышэу дэ тIухуам
Зэрытхуигъэнэхурщ ар лъэпкъ вагъуэу.

Хъуапсэу щытмэ псэр, имыщIэу еш,
КIуэдкъым жаIэр апхуэдэм и гъащIэр.
Гурылъ хъуаскIэм нобэ гъуэгу хреш,
МыжэщI щIыкIэ дэхуэхам и гуащIэр.

ХамэщI ныджэ щыщ лъхудий тенам.
Уэ, къуэш хабзэу, Iэр къыхубоший.
Адэжь хэкуу щIыхькIэ щIэгъэнам
Дуней псор пэжагъкIэ боущий.

Сирие, Джыуезэ

 

Поделиться:

Читать также:

05.04.2024 - 10:11 Сабий тхылъхэр
25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт